ПАРТИЗАН ХУЕЙ

Кавказ Ищхъэрэ–КъухьэпIэ дахащэм и адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ ирикIуэн зыфIэфIхэр я бжыгъэкIэ мыкуэдми, нэхъыщхьэр аракъым, атIэ апхуэдэ нэгузегъэужьыкIэм дихьэхахэр зэрыщыIэрщ.
Гуп цIыкIу дыхъуу илъэс зыбжанэ ипэкIэ а лъэныкъуэмкIэ дызэрежьам и гугъу тщIынщ. Адыгейм пхрыкI лъагъуэхэмкIэ хы ФIыцIэ Iуфэм дызэрыкIуэфынум щыгъуазэ щIалэхэм а щIыналъэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэм иужьрей дыдэу къыдэс Гъуазэрыплъ и къуажэкIэм деж узыщыхуэзэ хуейм щыдгъэува чэтэн унэ цIыкIухэм жэщ щитхащ.
Нэху къыщыттещхьа щIыпIэ дахэм махуэщIэр гуапэу къыщытпежьащ. Къытпэщылъыр тщIэжырти, пщыIэ цIыкIуитIымрэ адрей хьэпшыпхэмрэ зэщIэткъуэжри, щхьэж къылъысыр и плIэидзэу, кIапсэ щIыкIэу ищхъэрэкIэ едукъуэдиихащ. Щхьэгуащэпс и кIейм дыдэту дыздехым, куэд дымыкIуу сэмэгурабгъумкIэ къуэ бгъунж цIыкIу гуэрым дыщыхуэзащ: ар Щхьэгуащэ хэлъэдэж Хьэкхъуафэпс зыщихъунщIэр арат.
Гъуэгуанэ дубзыхуам ипкъ иткIэ адэкIэ здэдгъэзэн хуейр а псы бгъунжыр къызыдэж къуэладжэм бгъурыт лъагъуэм дытету мэзылъэ джабэхэм дэкIыныр арати, Щхьэгуащэ и тIуащIэ бгъуфIэшхуэр къызэдмынэкI щIыкIэ иджыри зэ дызэчэнджэщыжащ.
Гъуазэрыплъ ищхъэрэкIэ дыкъызэреха тIэкIум къигъэлъэгъуат щхьэж къыхуехьэкIыну хьэлъэр зыхуэдизыр. Щхьэгуащэ кIейр Мейкъуапэ нэсыху зэщIэзыгъыхьэ асфальт гъуэгу зэлъыIухам нэмыщI ихъуреягъкIэ нэм къыхуэплъыхьыр мэзылъэ бгыхэмрэ ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ хуеIэу адэкIэ – мыдэкIэ зезыIуэнтIэх Щхьэгуащэ псышхуэмрэт. Иужьрейм и даущ макъым дыщIэдэIукIыу мащIэ гуэркIэ дыщысыжри, зыкъэтIэтыжащ.
ДыздэкIуэм, дэ щIэх дыдэу гу лъыттащ гъуэгубгъум Iут унэщIэхэм ящыщ зым деж щыт «УАЗ» машинэмрэ абы бгъэдэт урыс щIалэмрэ. Зыщыхуэдгъазэм, дигъэщIэхъуакъым: уасэ мащIэ гуэркIэ дызэгурыIуэщ, и «шым» дигъэкIэсри, дыздишэфым нэс зынедгъэдзысащ. «АдэкIэ быркъуэшыркъуэщ» - щыжиIэм, сыт тщIэнт, «гум» дыкъипкIыжащ.
Дызыдэт къуэм и къежьапIэм щхьэщылъэгыкI «Нагъуэ къущхьэ» бгы екIуэкIым и лъабжьэм «Партизан хыжьей» («Партизан хуейри» жаIэ) зыфIащауэ узыщрихьэлIэ псы хъурей дахэм дынэсын папщIэ, иджыри километри I0 хуэдиз ткIун хуейт, ари щIалэ цIыкIуитIыр тщIыгъурэ хьэпшып хьэлъэхэри тIыгъыжу.
Лъагъуэр Iейт, вагъэбдзумэ зэгъэдзэкIам ещхьу дэтхъуа куухэри иIэу. Ар нэхъ бгъуфIэ икIи машинэхэмкIэ зекIуэгъуафIэ щIыным хуэгъэза лэжьыгъэр илъэс зыбжанэ хъуауэ мы щIыпIэм щекIуэкIырт. Гъуэгуухуэхэм я зыгъэпсэхугъуэ махуэти, машинэ-тракторышхуэхэр адэкIэ-мыдэкIэ щызэхэтт.
Унэжь цIыкIу гуэрым бгъэдэт щIалэм дыбгъэдыхьащ. ФIэхъус етхыу, дыздэкIуэ лъэныкъуэр щыжетIэм, езыр къыдэлъэIуащ: «ИщхьэхэмкIэ Анзор фыщыхуэзэмэ, кхъыIэ, схужефIэж сызэрыпэплъэр!» - жиIэри.
АдэкIэ дыщыдэущейм, дыгъэм и зыкъэIэтыгъуэми нэсауэ, ипэ зекIуэгъуэхэм ящыщ зым зэдгъэцIыхуауэ щыта псынэпс щIыIэтыIэ цIыкIуу мывэ жьанэхэм къыдэжым дынэсащ.
ДызрихьэлIам, дауи, мы зекIуэгъуэм зэдыхэтахэри дыщыгуфIыкIащ: зыщыбгъэпсэхункIэ, псылъэхэм ярытхэр щызэпхъуэкIынкIэ щIыпIэ телъыджэт.
         Пщымахуэ Анзор дыщыIуощIэ
Псы цIыкIу къешкIурэхым и даущ макъым щIэщхьэукъукIа ныбжьыщIэхэр игъуэлъыкIауэ здэщылъым, ищхьэкIэ къех щIалэ къамылыфэр къэтлъэгъуащ. И нэпкъпэпкъ-сытхэмкIэ адыгэм едгъэщхьати, жиIэнум хунэдмыгъэсу, анэдэлъхубзэкIэ: «Уи махуэ фIыуэ!» - жетIащ. Езыми, фIэхъус ехыкIэу зэхедгъэхам зэрыщыгуфIыкIар игъэнэрылъагъуу, «нэхъыфIыжу!» - къыдпидзыжащ.
И жэуапым къыдигъэлъэгъуащ къыдихьэлIар Адыгей Республикэм хыхьэ Хуэдз, Блашэпсынэ, Куэшхьэблэ, Улапэ къуажэхэм дэс къэбэрдей адыгэхэм зэращыщыр. Къытхуэзам дыкъыздикIа-сытхэмкIэ зыкъыщедгъащIэм, езыми: «Хуэдз жылэ, Пщымахуэхэ сащыщщ, си цIэр Анзорщ», - жиIащ.
Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсымрэ махуэм и дахагъэмрэ ядекIун гуапагъэ хэлъу къыдэпсэлъащ а щIалэр. АрщхьэкIэ езыри къыпэплъэ и лэжьэгъум деж ехыжын, дэри гъуэгум адэкIэ пытщэн хуейт.
Дыздежьар щыхуэтIуатэм, Пщымахуэхэ я къуэм чэнджэщ къыдитащ электрокъарур зрикIуэ гъущI кIапсэхэр зыпылъ пкъо абрагъуэхэм я лъабжьэм щIэкI лъагъуэм дригъуэзэну.
- Ар сыт щхьэкIэ? - жытIэу дыщеупщIым, - нэхъ кIэщIщ, -къытпидзыжащ. - Нэхъ псынщIэу «Партизан хыжьейм» фынигъэсыну къысщохъу.
А махуэм лъэсу къэткIуар тIэкIу мэщIэIуэми, щхьэж къехъулIамкIэ дызыхуэарэзыжу пшапэр щызэхэуэм, «зекIуэ хэщIапIэ» тхуэхъун егъэзыпIэ щхьэкIэ зытплъыхьын щIэддзащ. Къэдгъуэтащ гъуэгущIхэм ираупщIыкIыурэ мэзыншэу къагъэна «щIы зэлъыIухам» ику дыдэм хуэзэу ежэх псы къабзэ цIыкIумрэ абы и бгъумкIэ къыщызэтена жыг гуэрынышхуэмрэ къедза щIыпIэ зэгъыр.
Пхъэ гъэсыни здэкуэд, псыми пэмыжыжьэ щIы щхьэфэ джафэ тIэкIум чэтэн пщыIэхэр щыдгъэув хъунут. Ахэр зэгъэзэхуэныр си пщэ щыдэслъхьэжым, пщыхьэщхьашхэр Хьэбас зэригъэпэщащ.
Ныбжьэгъум и нэшхуэгушхуагъэмрэ и IэбэкIэмрэ щыплъагъукIэ, уигу хэмыхъуэн пхузэфIэкIынутэкъым. Унэ кIуэцI щIэмысми, тыншыгъуэм пэIэщIэми, щIыуэпсым хэсыхьу, дэнэкIэ зимыгъазэми, зыми хуэмычэм хуэдэу къыпщигъэхъуфынут Бышэным.
Дакъэжь мафIэ зэщIэтщIамкIэ кIэртIофрэ лырэ зэдэдгъавэри, шейри тедгъэувэжащ. IэфIу дызэдэшхэри, мафIэ бзийхэр зытридзэ уэздыгъеишхуитIым я лъабжьэм дыщIэгъуэлъхьащ. Уафэ лъащIэншэм ис вагъуэбэм дыхэплъэу, гупсысэ IэфIхэм дыхэту зы зэман дгъэкIуауэ ди нэхэр щызэтепщIэм, пщыIэхэм зыщIэдгъэзэгъэжащ.
Нэху къыщыттещхьэм, Хьэбас псом япэ къэтэджри, мафIэ ужьыхыжар къызэщIигъэстыжащ. Дыгъуэпшыхьрей ерыскъым щыщу къэнар игъэхуэбэжауэ къыдэжьэу щыст.
            Гъуэгум адэкIэ пыдощэ
ИпэкIэ зыбгъазэмэ, щIэплъыпIэ сэнтхыр лъагэкъым, арщхьэкIэ и дэкIыныр хьэпшыпхэм хьэлъэ къытщещI. Ауэ, дэ шэч къытетхьэртэкъым абы дызэрытехьэу, IуплъапIэм зэрызихъуэжынуми, нэгум къыщIэувэ псори щIэщыгъуагъэкIэ нэхъыфIыж зэрыхъунури.
Апхуэдэуи къыщIэкIащ: дэкIуеигъуэ-ехыгъуэ зыбжанэм дафIэкIри, дэгъэзеигъуэри кIуэщIащ, щIыри нэхъ сэтей хъужащ. Абдежым ухуэныгъэ гуэрхэм дащрихьэлIащ. Ахэр сэ къэсцIыхужат. Иджы здэдгъазэ хъуну иIэжыр сэмэгу лъэныкъуэр арати, унэхэм дащыпекIуэкIым, тIэкIу-тIэкIуурэ зыкъызэкъуахащ «Уэздыгъей закъуэм и гуэл» цIэ лейр зытепщIыкIа псы хъурей дахэу дыгъуасэрей махуэ псом дыкъызыхуеIами, ар зи курыкупсэм ит, «Партизан хуей» зыфIаща сэтей зэпэхъуреишхуэми.
«Хы мывэ» тхыцIэм хэт Нагъуэ-къущхьэ бгы екIуэкIым и лъабжьэр зыгъэбжьыфIэ фэхум а цIэр щыкIэрыпщIар Граждан зауэжьым и ужькIэщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, мыбдежыр I9I9-I920 гъэхэм партизан «плъыжьхэм» я хэщIапIэу щытащ. Мы щIыпIэр Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэува партизанхэм я зэхуэсыпIэт. Бийм и кхъухьлъатэхэм зыкърамыгъэхутэн папщIэ, абыхэм псы хъурейм и Iэгъуэблагъэм зыкъыхуэзыший къуэладжэхэмрэ адэкIэ-мыдэкIэ зыкъызэкъуэзых мэзылъэ къуэ куу цIыкIухэмрэ зыщагъэпщкIурт.
Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, совет зауэлIхэмрэ партизанхэмрэ Сочэ къалэ хуеIэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм мы щIыпIэм лъэщу щапэщIэувэри, ахэр благъэкIакъым. Апхуэдэ лIыхъужьыгъэ зезыхьа хэкупсэхэм я фэеплъ мывэ Щхьэгуащэ (Белореченскэ) щхьэдэхыпIэм дежи ущрохьэлIэ…

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.