УДЗ ГЪЭГЪА

Апхуэдизу уелIалIэу, уахуэнэхъуеиншэу си псэм и губгъуэм удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэ къомыр щхьэи щыбгъэкIат, я къуэпси, я лъэдакъи, я жэпкъи, я купкъи зэрызэщIыгъуу къиптхъыжу нэгъуэщIым ахэр тыгъэ щахуэпщIыжынум? Ауэ уэ пщIэххэркъым икIи зыкIи ущыгъуазэкъым псынэпс къабзэм хэбэукIыу хэхъукIа а удз гъэгъахэм гур зыгъэфI, зыгъафIэ мэ гуакIуэ гуэри къазэрыпимыхыжыр –къинащ ахэр си пкъым, къыщынащ си деж игъащIэ псокIэ уи фэеплъу. ПщIэрэ, щIэх дыдэ гъуэлэнущ сакIэлъыIэбэурэ, сакIэлъыпыхьэурэ степхыжу уежьэжа а гъэгъахэм я къапщIий телъыджащэхэр. ГъащIэ мащIэ дыдэщ абыхэм къапэплъэр – си нэпс шыугъэу ятелъэдам псынщIащэу щIигъэлIэнущ я пкъыр, щIиудынущ я лъэр. Хьэуэ, ууныкъум къыщымынэу, ныкъуэдыкъуэу къэбгъэна си гум къыпхуэкIыу аракъым Iей гуэри. Ар хуейщ уэ гъащIэм и дахапIэ дыдэр къыплъысыну. Къыпхуохъуапсэ насыпым и курыхыр, и уэрыпIэр толъкъуну къыбжьэхидзэну. Ауэ лIо сыбгъэщIэнур – схуэшыIакъым, схуэубыдакъым си нэпс?!

Хэт и гугъэнт теплъэкъукI лъэпкъ уимыIэу, IэфIагърэ гуапагъкIэ упсыхь зэпыту апхуэдиз зэманкIэ, нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэми ярейуэ, къэбгъэкIа, къэбгъэхъуа удз дахэ къомым зэуэ лъапсэрыхыр къахуэбгъэкIуэжыну, уIэгъэ тебдзам ухуемыплъэкIыжу, IэплIакIуэу зэщIэпкъуэу уежьэжыну?! Ауэ итIани си гур пхуэмыгъуэщ, пхуэпIейтейщ – сыхуейкъым си нэпс схуэмышыIам и зэран гуэри къокIыну. Сигу къикIэзызыкIым мы дуней псор зэрыщIиупскIэр зыхомыщIэу къанэркъым уэ, дауи. Абыи сегъэгумэщI, сытошыныхь удз гъэгъа тхьэмпэхэр игъуэ нэмысу пигъэлъэлъыжынкIэ, къудамэ джафэхэр уи IэмыщIэм къринэнкIэ. Си деж гурыфIыгъуэу къыщыбнар зы закъущ – епэрымэ гуакIуэу си Iэпкълъэпкъ псом къинарщ. МащIэ куэдми сыпсэуху сыкъэзымыбгынэнурщ, щIы IэнэщIу къэбгъэна си псэр банэ кIыпIэм хуэкIуэныр ауи хуэзымыдэнурщ.

Жамбэч Рабия.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж