УСАКIУЭШХУЭМРЭ СУРЭТЫЩIЫМРЭ

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал, Ленин саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсын и фэеплъ унэ-музей Шэджэм къалэм щыIэм щагъэлъагъуэ сурэтыщI Рушевэ Надеждэ и лэжьыгъэхэр, ар къызэралъхурэ илъэс 70 зэрырикъум и щIыхькIэ.

Выставкэм хагъэхьащ Рушевэ Надеждэ и Iэдакъэ къыщIэкIа графикэ лэжьыгъэ 95-рэ.  Апхуэдэхэщ Сент-Экзюпери Антуан и «Маленький принц», «Эллада», «Античность» нэгъуэщI сериехэм щыщ лэжьыгъэхэм яхуищIа сурэтхэр. Ахэр ящыщщ Москва Рушевэр щеджа школым абы и цIэр зэрихьэу къыщызэIуаха фэеплъ музейм щахъумэхэм. Выставкэр Шэджэм къалэм къишащ а музейм и унафэщI Усенкэ Наталье. Абы и псалъэм къыхигъэщащ я школ музейм цIыхушхуэ къызэрекIуалIэр, сабии балигъи къызэщIиубыдэу.

Усенкэр тепсэлъыхьащ Москва и театр сурэтыщI Рушев Николайрэ балеринэ Ажикмаа Натальерэ япхъу   Надеждэ и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ, абы и ныбжьыр илъэс 17 фIэкIа мыхъуу дунейм зэрехыжам (I952-I969). Зэхуэсахэр ирагъэплъащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ, сурэтыщI Рушевэ Надеждэ теухуа фильмым. И гъащIэ мащIэм къриубыдэу абы сурэт мин 12 ищIыну хунэсащ, литературэ тхыгъэ 50-м сурэтхэр яхуищIащ. Абы ящыщщ Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Толстой Лев, Тургенев Иван, Булгаков Михаил, Сент-Экзюпери Антуан, нэгъуэщIхэми я Iэдакъэ къыщIэкIахэр. КъыжыIапхъэщ, сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр Урысейм и музей куэдым зэрыщахъумэр.

Унэ-музейм и унафэщI Кулиевэ ФатIимэ Усенкэ Наталье фIыщIэ хуищIащ къэралым и цIыху мин бжыгъэхэр Рушевэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ  зэрыщигъэгъуазэм папщIэ. Абы жиIащ нэгъабэ я музейм Рушевэ Надеждэ и лэжьыгъэхэм ящыщ зэрыщагъэлъэгъуар (Пушкин Александр и тхыгъэхэм теухуахэр).

- Надеждэ къызэралъхурэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу и лэжьыгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыдгъэлъэгъуам срогуфIэ, мы щIыналъэм щыIэну зэи къыхуимыхуами. Абы и пэ къихуэу, Надеждэ тIэунейрэ здэщыIа Кърымым хыхьэ Судак къалэм и выставкэ къыщызэдгъэпэщащ. СурэтыщIым и лэжьыгъэхэм я гъуэгуанэм къэралым и плIанэпэхэм щыпащэ, абы щыпсэу цIыхухэм ягу дыхьэу, - жиIащ Усенкэ Наталье.

КъБР-м и Лъэпкъ музейм мы махуэхэм зи лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ сурэтыщI Узеевэ Лидэ къытеувыIащ Рушевэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэр къызэрыщыхъуам икIи абы зэхуэсахэм я пащхьэм щигъэлъэгъуащ Надеждэ и сурэтхэм къытрищIыкIыу мывэ лъапIэхэмкIэ хидыкIа и лэжьыгъэхэр. Абы жиIащ гъэлъэгъуэныгъэр республикэм исхэм я дежкIэ тыгъэ лъапIэу зэрыхъуар.

Мы гъэлъэгъуэныгъэр  Шэджэм къалэм Кулиевым и цIэр зезыхьэ  и уэрамым тет  21-нэ унэм щекIуэкIынущ   бадзэуэгъуэм и кIэ пщIондэ.

 

Тхыгъэри сурэтхэри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)