УХУЭНЫГЪЭЩIЭХЭР ЯУБЗЫХУ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирекрэ Москва щрагъэ­кIуэ­кIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ухуэныгъэм зэрызрагъэужьынум, «Жи­лье и городская среда» лъэпкъ проектым хыхьэ федеральнэ про­граммэхэр зэрагъэзащIэм, апхуэдэуи коммунальнэ IуэхущIапIэхэр къэгъэ­щIэрэщIэжыным епха упщIэхэм.

Файзуллин Ирек къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы илъэсым и япэ мазитхум псэупIэу щау­хуар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм елъы­тауэ процент 44-кIэ зэрынэхъыбэр. «Иджыпсту IэнатIэм къалэн нэхъыщ­-хьэу щыдиIэр псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр къэгъэщIэрэщIэжынырщ, абы Iэмал къыдитынущ объектыщIэхэр ду­хуэну икIи цIыхухэр фIагъ зыпылъ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къызэдгъэпэщыну», - жи­Iащ министрым.
Республикэр жыджэру хэтщ «Псы къабзэ», «Ущыпсэун папщIэ къэбгъэсэбэп мыхъуну псэупIэхэр гъэмэщIэн», «Къалэ зэIузэпэщ къызэгъэпэщын», «Стимул» федеральнэ программэхэр гъэзэщIэ­ным.
2022 гъэм республикэм «Зыхуей хуэгъэза ухуэныгъэрэ псэупIэ-коммуналь­-нэ хозяйствэмрэ» унэтIыныгъэмкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм ящыщу и кIэм ­нагъэсыну я мурадщ ухуэныгъэ, зэгъэ­пэщыжыныгъэ объекту 48-рэ. Феде­ральнэ, щIыналъэ бюджетхэм къыхэ­-кIыу абы текIуэдэнущ сом меларди 7-м нэб­лагъэ. Ахэр нэхъыбэу егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэхэмкIэ яухуэ, зэрагъэпэщыж ухуэныгъэхэращ. «Проектхэр нэхъапэкIэ зэрыдубзыхуам тету догъэзащIэ, дгъэува пIалъэм зэрыхунэсынур, лэжьыгъэм и фIагъыр махуэ къэс къыдопщытэ. Абы кIэлъоплъ къэрал органри лэжьыгъэхэр щагъэзащIэ щIыналъэхэм я админист­рацэхэм я унафэщIхэри», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм.
«Къалэ зэIузэпэщ къызэгъэпэщын» щIыналъэ проектымкIэ къэралым щы­пэрыт хэгъэгуи 10-м я деж 7-нэ увыпIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIыгъащ. ­Ап­хуэдэуи «Ущыпсэун папщIэ къэбгъэ­сэбэп мыхъуну псэупIэхэр гъэмэ­щIэн» программэмкIэ республикэр ехъулIэ­ныгъэ къэзыгъэлъагъуэ щIыналъэхэм яхэтщ. Инфраструктурэр егъэфIэ­кIуэ­ным дэIэ­пыкъуэгъу зэрыщагъуэтым и фIыгъэкIэ псэупIэ ухуэныгъэхэм къа­хэхъуэурэ ма­кIуэ. «Стимул» федераль­нэ проектымкIэ цIыхухэр зэпыу имыIэу псыкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа ­лэ­жьыгъэхэр ­йокIуэкI. КъищынэмыщIауэ, а унэтIыныгъэмкIэ инфраструктурэр къэ­гъэщIэ­рэщIэжыным теухуауэ 2023 - 2024 гъэхэм «Псы къабзэ» фе­деральнэ проектымкIэ щIыналъэм сом мелуани 130-рэ къыхуаутIыпщащ, ахэр муниципалитетхэм IэрагъэхьакIэщ. 
ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм зэхъуэкIыныгъэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ сэ­бэп яхуэхъу фондым зэрадэлажьэм ипкъ иткIэ, псэупIэ-коммунальнэ комп­лексым и объектхэр зэгъэпэщыжыным, къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа проектхэм хоплъэ. Мы илъэсым а Iуэхум трагъэкIуэдэну сом мелуан 260-рэ хухахыну я мурадщ.
Щхьэхуэу тепсэлъыхьащ Бахъсэн ­щIыналъэм псы зэрыкIуэ бжьамийхэр зэбгрышыным теухуауэ ирагъэкIуэкI лэ­жьыгъэхэр здынэсам, бюджет кредит­-кIэ объектыщIэхэр ухуэнымкIэ щыIэ­ ­Iэмалхэм. УФ-м ФинансхэмкIэ, Ухуэны­гъэм­рэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ и министерствэхэм дащIа зэгу­ры­IуэныгъэхэмкIэ Бахъсэн къалэ псы зэ­рыкIуэ бжьамийхэр километр 70-кIэ щы­зэбгрышыным теухуауэ ирагъэкIуэкI ухуэныгъэхэм трагъэкIуэдэну мылъкум и япэ Iыхьэр - сом мелуан 428-р - респуб­ликэм къыIэрыхьащ. Мы илъэсым а ­проектыр гъэзэщIэным псори зэхэту ­трагъэкIуэдэну къагъэлъэгъуащ сом зы мелардым щIигъу. 2023 гъэми апхуэдиз дыдэ ихьыну къалъытащ, а илъэсым и кIэм ухуэныгъэр хьэзыр ящIыну я мурадщ. Апхуэдэуи Дзэлыкъуэ щIыналъэм псы зэрыкIуэ бжьамийхэр щызэбгры­шынри и кIэм нэгъэсынымкIэ щыIэ ­Iэмалхэми я гугъу щащIащ зэIущIэм, абы текIуэдэну мылъкур къалъыхъуэ, апхуэдэуи ар республикэ бюджетым къы­хэгъэкIынымкIэ хэкIыпIэхэри зэпалъыт.
КIуэкIуэ Казбек УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым фIыщIэ хуищIащ инфраст­руктурэ ухуэныгъэхэр, къалэ зэIузэпэщ къызэгъэпэщынымкIэ зэгурыIуэу зэры­зэдэлажьэм икIи Iуэхур къызэрыдаIыгъым папщIэ. «Абы и фIыгъэкIэ псэупIэ ухуэныгъэмкIэ пIалъэ кIыхьым тещIыхьа инвестицэ проектхэр дубзыхун, хьэры­чэтыщIэ Iуэхум, мэкъумэш хозяйствэм, турист IэнатIэм зедгъэужьын тхузэфIэ­кIынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэмкIэ абыхэм мы зэманым мы­хьэнэшхуэ яIэщ», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.