МАКЪАМЭР КЪАРУ ХУЭХЪУУ

УэрэдкIэ цIыхухэм ягу удыхьэн папщIэ макъ телъыджэ уиIэнри мащIэу къыщIэкIынущ. Гуапагъэ, хуабагъэ гуэр къыпкъырыкIын хуейщ уэрэджыIакIуэм. И IэщIагъэм и гурэ и псэрэ хузэIухащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Макъамэ театрым и уэрэджыIакIуэ Бэрэгъун Марианнэ. Тэрч районым хыхьэ Плановскэ къуажэм къыщалъхуа бзылъхугъэм зэрысабийрэ уэрэд жыIэным гупыж хуиIэщ. МакъамэмкIэ Тэрч къалэ щыIэ еджапIэм ар фортопианэм щыхуеджащ, Налшык къыщиухащ макъамэ училищэр. 
- Налшык Макъамэ театрым сыщылэжьащ, школым, садикым макъамэм щыхуезгъэджащ. Сыт щыгъуи си къарущ сызыщыгугъар - зыгуэрым си Iуэху схуигъэкIуэтэным сыпэплъакъым. Сехъуапсэрт уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ сыхъуну, альбомхэр къыдэзгъэкIыну, ауэ щыхъукIи, сыт хуэдэ Iэмал къэзгъэсэбэпми, а псор зыIэрызгъэхьэну зэи сегупсысакъым, - жеIэ абы. 
 УэрэджыIакIуэм и макъым зыIэпешэ щIалэгъуалэри, нэхъыжьыIуэхэри. Абы утыкум щегъэлъагъуэ адыгэ бзылъхугъэм и хьэл-щэн. 
- Сэ къызэдаIуэхэм мыхьэнэ зратыр си макъ къуэдейркъым, атIэ утыкум сыкъызэрихьэ фащэхэри я гум дыхьэу си гугъэщ. Фащэхэм езгъэдаи къэсщэхуаи яхэтщ. Псом хуэмыдэу сигу ирохь ХьэцIыкIу Мадинэ схуидахэр. 
Уэрэд жыIэным нэмыщI, ди лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм сыхэтын сфIэфIщ. Адыгэ Хасэм, Къалмыкъ Юрэ и цIэр зезыхьэ «Адыгэхэр» фондым Iуэху яIэмэ, я гуапэу срагъэблагъэ. Нэгъаплъэ Аскэрбий адыгэхэм теухуа кино щытрихым, Сэтэней гуащэ и образыр къысхуигъэфэщауэ щытащ. Ар Адыгейм щытрахат, - жеIэ Марианнэ. 
Утыкум куэдрэ къихьэхэм ягу къагъэкIыжрэ иридыхьэшхыжу хъыбар куэд яIэщ. Апхуэдэ зы гукъэкIыжкIэ къыддэгуэшащ Марианни:
- Алътуд ЩэнхабзэмкIэ унэм концерт щыттырт. Утыкум сыкъихьэри, си уэрэдым и япэ едзыгъуэр жыIэн сымыухауэ, пхъэ лъэгум иIэ дзакIэм си лъэдакъэ псыгъуэр дэнащ. Уэрэдыр сыухыху, си пIэм сикIакъым. Иджыпсту ар къысщыщIамэ, си вакъэр зылъысхынти, тегушхуауэ лъапцIэу ситынт утыкум. Абы щыгъуэ сыныбжьыщIэт. Си ужькIэ утыкум Зеушэ Ауес къихьати, щэхуу жесIащ си япэ къиувэу, си лъэдакъэр къыдызигъэчыжыну. Ауэ Ауес сибзыщIакъым - «Алътуддэсхэм фи пхъэ лъэгум Марианнэ и лъэдакъэр дэвгъэнащ», - жиIэри, пэшым щIэсхэр игъэдыхьэшхауэ щытащ. 
Иджыпсту, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, уэрэд мыхьэнэншэ цIыкIу куэд къоунэху, макъамэ ящIэлъ щхьэкIэ, псалъэхэм уедаIуэмэ, зэрызэфIэмыхьэм тхьэкIумэр къиуIэу. 
- Пэжщ, щыIэщ апхуэдэ уэрэдхэр. Ятха нэужь, «хит» жаIэри, махуэ къэс кърагъэуэурэ уэрэдым урагъасэ. Апхуэдизрэ зэхэпхар, ухуей - ухуэмейми, уи тхьэкIумэм къонэ, уеблэмэ дзапэ уэрэду къыщыхэбдзэ къэхъуу. Сэ апхуэдэхэр къезгъэзэгъыркъым, згъэзащIэхэм хэзгъэхьэнуи сыхуейкъым. Ауэ щыIэщ ахэр зигу ирихьхэри - аращ апхуэдэ уэрэдхэр къыщIэунэхури щIыщыIэри. ИтIанэ, зым адрейм зыпищIыжу, и макъым зригъэщхьу уэрэд щыжаIэри сфIэфIкъым. УэрэджыIакIуэм езым и шыфэ-лIыфэ, и макъ, и хъэтI иIэжын хуейщ, - жеIэ Бэрэгъуным. УэрэджыIакIуэм къыхегъэщ лирикэ уэрэдхэр нэхъ зэрыфIэфIыр.
- Илъэс I2-I5 ныбжьым сыщитым, Къуныжь Хьэждал и уэрэдхэм, адыгэ пшыналъэхэм седаIуэрт. Пугачевэ сфIэфI дыдэт - сыдежьурт, - игу къегъэкIыж абы. 
Марианнэ зэрыцIыкIурэ ехъуапсэрт уэрэджыIакIуэ хъуну: 
- А хъуэпсапIэм щхьэусыгъуэ хуэхъуари сщIэркъым. Си анэр егъэджакIуэт, си адэр экономистт. Пэжщ, макъамэр зэи я жагъуэу щытакъым. Си анэр школым щыщIэсым щыгъуэ хорым хэтауэ жеIэж. Си адэм пшыналъэхэр и гум нэхъ дыхьэрт. «Си хъыджэбзитIым пшынэ феуэу зевгъасэ, фи щхьэцыр кIыхьу вгъэкIи, фхуэзмыщIэн щыIэкъым», -къыджиIэрт. 
Бэрэгъун Марианнэ къилъытэркъым цIыху насыпыр IэщIагъэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхауэ. НэгъуэщI гурыфIыгъуэхэр зэрыщыIэри жеIэ:
- Уэрэдми, Iэгуауэми, удз гъэгъахэми зэгуэр я пIалъэр икIынущ. ЦIыхум и дежкIэ псом нэхъыщхьэр унагъуэ насыпырщ. 
Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж