ЩIАЛЭГЪУАЛЭР НАРКОТИКЫМ ПЭIЭЩIЭ ЗЭРЫЩАЩIЫНЫМ ИРОПIЕЙТЕЙ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Наркотикым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ полномочнэ лIы­кIуэм и Аппаратым КъБР-мкIэ и федеральнэ инспектор Васильченкэ Дмитрий, республикэм и министрхэр, щIыналъэ адми­нистрацэхэм я Iэтащхьэхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я уна­фэщIхэр.
 
ЗэIущIэм и лэжьыгъэр сыхьэт 12-рэ дакъикъэ 15-м къызэтригъэувыIащ КIуэкIуэ Казбек икIи абы кърихьэлIа псори хэтащ а махуэм, мэкъуауэгъуэм и 22-м, къыхузэрагъэпэща къэралпсо щыгъуэ дакъикъэм. Дызэрыщыгъуазэщи, Щыгъуэмрэ фэеп­лъымрэ я махуэу ягъэувауэ ­  Хэку зауэшхуэр щыщIидзарщ ар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, уры­сейпсо щыгъуэ дакъикъэр гъэ къэс мэкъуауэгъуэм и 22-м егъэ­кIуэкIын зэрыхуейм теухуа уна­фэм УФ-м и Президент Путин Владимир Iэ тридзауэ щытащ 2020 гъэм. А дакъикъэм хэтащ Урысей Федерацэм щыпсэу ­псори, я лэжьыгъэр къызэтрагъэувыIэу, уеблэмэ радиоми ­телевиденэми нэтынхэр зэпагъэууэ.
Комиссэм хэтхэр нэхъыбэу ­зы­тепсэлъыхьар щIалэгъуалэр ­нар­котикым демыгъэхьэхы-нырщ, абы нэхъри пэIэщIэ щI­ы­нырщ. Зэ­IущIэм щыIуащ зэп­хьэлIэну хуит ямыщIа пкъы­гъуэхэр зэбгрыгъэкIыным иджы­рей технологие Iэмалхэри къы­-­зэ­рыщагъэсэбэпым. Апхуэдэхэщ интернет-тыкуэнхэр, «электрон бохъшэхэр», зэIэпызыххэр зэримыхьэлIэу сату зэращI щIыкIэ-хэр. Республикэм и Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу зэрызэрагъакIуэм епха щIэп­хъаджагъэу щIыналъэм къыщыщIагъэщхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр. Абы къыдэкIуэу жи­Iащ оперативно-къэлъыхъуэ­ны­гъэ лэжьыгъэми профилактикэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэми адэ­кIэ зегъэужьын зэрыхуейр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэ­рал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Павлов Василий зэхуэсым щыжиIа хъыбарым тепщIыхьмэ, илъэс блэкIам къриубыдэу наркотикхэр, зэпхьэлIэну узыхуимыт пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ди республикэм къызэрырашэ ­Iэмалрэ гъуэгуу 27-рэ зэхуа-щIащ. Къэпсэлъэныгъэм къыхэгъэщащ наркотикым епха щIэпхъаджагъэхэр щIыналъэкIэрэ зэ­рызэпыщIар, абы къыхэкIыу ахэр сэтей къэпщIыным гугъуехьыш­хуэ зэрыхэлъыр.
Апхуэдэу зэIущIэм щытепсэ­лъы­хьащ наркотик щхъухьыр зэ­зыхьэлIэхэр и чэзум, хэмытIасэ щIы­кIэ къэхутэным, абы ирисымаджэхэм медицинэ дэIэпы­къуныгъэ зэрырат Iэмалхэр зэ­пы­мыууэ егъэфIэкIуэным гулъытэшхуэ дяпэкIи хуэщIын ­зэ­ры­хуейми, волонтёр зэ­щIэ­хъееныгъэм хэтхэм  абы и лъэ­ныкъуэкIэ лэжьыгъэ куп­щIа­фIэ зэрырагъэкIуэкIми.
ЗэIущIэм жыджэру хэтащ, къыщаIэта IуэхугъуэхэмкIи зи пашэ IэнатIэхэм щызэфIах лэжьыгъэхэр, я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуащ КъБР-м егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и ми­нистр Езауэ Анзор, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, ­Бахъсэн къалэ администрацэм     и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим      сы­мэ. Комис­сэм и зэхуэсым    къыщаIэта IуэхугъуэхэмкIэ мы  зэманым ялэ­жьып­хъэхэм теухуа дэфтэрхэр къащтащ, къалэнхэр яубзыхуащ.

 

ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н