БГЫЛЪЭ ЩIЫПIЭХЭМ

Нэри псэри зыхь къурш абрагъуэхэм я куэщIым къыщыхута цIыхум и гупсысэр куэдым хуожэ, и псэр фIым щыхуоушэ. Къуршхэм къарит дэрэжэгъуэмрэ къахилъхьэ къарумрэ ятриухуа уэрэдрэ сурэту дунейм къытригъэхьари мащIэкъым. Бгыхэм гъащIэр дэбжьыфIэ къудейкъым, атIэ абыхэм я зэхуаку щопсэу икIи щолажьэ цIыху куэд дыдэ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, апхуэдэхэм я бжыгъэр, ди планетэр зэрыщыту къэтщтэнщи, мелардым ноблагъэ.

 Бгыхэр игъащIэ лъандэрэ диIащ, иджыри диIэщ хъупIэу, гъавэ щIапIэу, зыгъэпсэхупIэу. Къуршхэм хэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр мымащIэу къыщIах, тIуащIэхэм дэт гидростанцхэм унэхэр ягъэнэху, заводхэр, фабрикэхэр ягъэлажьэ. Къуршхэр лъэщапIэ яхуэхъуащ еджагъэшхуэхэми. Мыбыхэм щадж щIым и зэхэлъыкIэр, дызэрыбауэ жьым и ищхьэ къатхэм я зэхэлъыкIэр, уахэ жыжьэм къыщекIуэкIхэр. Iуащхьэ лъагэхэм щагъэув телескоп абрагъуэхэмкIэ вагъуэхэм щыкIэлъоплъ, абдежым хьэуар зэрыщынэхъ кIащхъэм, вагъуэхэри зэрыщынэгъунэгъум къыхэкIыу. 
 Дауэ, атIэ, къурш абрагъуэхэр къызэрыхъуар? Сыт хуэдэ къару ахэр апхуэдиз лъагагъкIэ зыIэтар?
ЩIы щхьэфэм щызекIуэ хабзэхэмрэ щIы щIагъым щекIуэкI Iуэхугъуэхэмрэ зэпыщIэныгъэ куу яку зэрыдэлъым зыми шэч нобэкIэ къытрихьэркъым. Абы теухуа егупсысыкIэ (гипотезэ) гъэщIэгъуэнхэри мымащIэу щыIэщ. Абыхэм ящыщу щIэныгъэлIхэм иджыкIэ тегъэщIапIэ нэхъ ящIыр щIы щхьэфэр зэтеупIэщIыкIа щIыкIэу (плитауэ) зэрызэпыударщ, щызэхэпцIыхьыжи щыIэу. 
 Ахэр зекIуэныр, зэжьэхэуэныр, зэтекIыныр къыхокI ди планетэм и кIуэцIым «зыщызыудыгъуа» мантие пщтырым и щхьэфэмкIэ къытелъ мывэ-щIы Iыхьэхэр тIатIий щытыкIэм иригъэувэну зэрыхущIэкъум. 
 Дауэ мыхъуами, къуршхэр цIыху гъащIэм дежкIэ шынагъуэу зэрыщытыр зыщыгъэгъупщэн хуейкъым. Альпхэм, псалъэм папщIэ, илъэс къэс щокIуэд цIыху 400-м нэс, Кърымым бгыхэр кIуэдыпIэ щахуохъу цIыхуищ-плIым. Абы нэхърэ нэхъ хэщI мащIэ къыдатыркъым ди республикэм и Iуащхьэ лъагэхэми. 
Бгым дэкI дэтхэнэми къыпоплъэ щIыIэ уаехэр, жьапщэшхуэхэр, уэсукхъуэ шынагъуэхэр, мывэ къехуэххэр, щIыхъейхэр, ультрэморэ дыгъэ бзий егъэлеяхэр. АтIэми, зэрыхуагъэфащэмкIэ, дунейм и щытыкIэмрэ хьэуам и кIащхъагъымрэщ бгы куэщIым ихуа цIыхум дежкIэ бий нэхъыщхьэу щытыр. Сыту жыпIэмэ, нэхъ пIащIэ хъуа хьэуам, кислородыр щынэхъ мащIэщи, тхьэмбылхэр къегъэпщ. Апхуэдэ щытыкIэм ихуа цIыхум жьы щIыIэр гужьеяуэ жьэдишэн хуей мэхъури, щIыIэми нэхъ псынщIэу ирегъэс.  
Бгым ихьэ дэтхэнэми куэдкIэ игъэмэщIэфынущ къыпэплъэ шынагъуэхэр. Псом япэу гъэтэмэмыпхъэщ къуршхэм ущызекIуэнымкIэ нэхъ къезэгъ зэманыр дэтхэнэр арами. Ар елъытауэ щытын хуейщ жэщ-махуэм и щытыкIэми, абы хуэщIа щыгъынми. Гъуэмылэ къудейри зытещIыхьыпхъэр а гъуэгуанэр зыхуэдэрщ. А псоми фIы дыдэу захуэбгъэхьэзырами, абыхэм и кIэм нэсу пщхьэщахыфыркъым щIыIэм уисынымкIэ щыIэ шынагъуэхэр. 
Ауэ къуршхэм зыкъыщызэкъуэзых уаер зы лъэныкъуэкIи сэбэп щыхъу щыIэщ. ЩIыIэм бгы джабэм кIэрылъ уэсыр зэрегъэубыд, зэкIэрегъащтхьэ. Аращ бгым дэкIыну мурад зыщIар пщэдджыжьым жьыуэ гъуэгу теувэм щIэнэхъыфIыр. АтIэми, бгылъэ гъуэгуанэхэмрэ Iуэхум хъыжьагъэ хэлъхьэнымрэ зэзэгъынкIэ Iэмал иIэкъым. Мыбдеж шынэр япэ щитыпхъэщ. Ауэ ар къэрабгъагъэм хэбгъэзэрыхь хъунукъым, гужьейр щIэгъэкъуэн зыщIыр хэкIуэдауэ убж хъунущи. Ахэр и щIыбагъ къызэрыдинэнумрэ сакъыу гъуэгум зэрытетынумрэ къарууэ иIэр хузэщIигъэуIуэмэ, апхуэдэм и мурадхэр къызэрехъулIэнум шэч хэлъкъым. 
Мыри зыщыгъэгъупщэн хуейкъым: дунейм и къэхъукъащIэхэм гузэвэгъуэ кIыхьым ирагъэувэлIа цIыхур бэшэчагъымрэ лIыгъэмрэ щыхуашэр нэхъыбэщ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхьэщашри нэхъ мащIэкъым. АрщхьэкIэ, апхуэдэ къыщыхъур цIыхум бэнэныгъэр щызэпимыгъэум и дежщ. Гугъэмрэ лIыгъэмрэ зыфIэкIуэда цIыхум къыпэплъэ лъэпощхьэпохэри мэбагъуэ. Зи гугъэ хэзыхыжхэракъым бэлыхьлажьэм япэлъэщыр, атIэ зэпымыууэ хэкIыпIэ лъыхъуэхэрщ. 
Дауэ мыхъуми, бгы лъагэ уэсылъэ, мылылъэ щIыпIэхэм я климатыр цIыхум и узыншагъэмрэ и къарумрэ зэфIэгъэувэжынымкIэ сэбэп щыхъур нэхъыбэщ, сыту жыпIэмэ хьэуа щIыIэм уззехьэ микробу хэтыр зыкъомкIэ нэхъ мащIэщ, хуабэ уэмым етлъытмэ, кислородыр проценти I0-I5 хуэдизкIэ щынэхъыбэщ (дауи, зи гугъу тщIыр курыт лъагагъ зиIэ бгыхэрщ). ИтIанэ, къуршхэм я жьы щIыIэм ион нэхъыбэ зэриIыгъыр икъукIэ щхьэпэщ Iэпкълъэпкъым щекIуэкI гъэткIуныгъэхэр щIэгъэхуэбжьэнымкIэ, псантхуэхэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэнымкIэ. Зэман мащIэкIэ щIыIэм хэта цIыхум и лъым къаруущIэхэр егъуэт, и Iэпкълъэпкъыр нэхъ жан ещI. 
ТАБЫХЪУ Хьэзрит  «Бгы и пIалъэ зыщIэ щIэщхъукъым» и тхыгъэм къыхэтхыжащ.
 

 

Зэзыгъэзэхуэжар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)