УХУЭНЫГЪЭР ЗЭРЕКIУЭКIЫМ КIЭЛЪОПЛЪ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий къипщытащ хабзэхъумэхэм папщIэ Московскэ уэрамым щаухуэ псэупIэ унэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIыр.

Ухуэныгъэр и кIэм щынагъэс щIыпIэм, Налшык къалэм и Московскэ уэрамым тет I2-нэ унэм деж зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар КъБР-м щыIэ МВД-м еухуэ «Жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщынымрэ щIэпхъаджагъэм пэщIэтынымрэ» федеральнэ инвестицэ программэм хыхьэу икIи республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным хуэщIащ.

Къат бгъурыбгъу хъу корпуситIым, метр зэбгъузэнатIэ мин 12-м къэзыубыдым, хэтынущ иджырей зэманым къиугъэвым хуэкIуэ фэтэри 144-рэ. Абыхэм ящыщу 51-р зы пэш, 62-р пэшитI, 31-р – пэшищ мэхъу.

Лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ. Иджы яужь итщ электрокIапсэхэр укъуэдииным. Йолэжь пэш кIуэцI блынхэр гиспкIэ къищIыкIыным, пэшхэр зэрагъэхуэбэну, псыр фэтэрхэм зэрыкIуэну, къагъэсэбэпар зэрыIуашыну бжьамийхэр зэбгрышыным.

                                                                    

УАРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.