IЭНАТIЭР ЗЫГЪЭБЖЬЫФIЭ ЛЭЖЬАКIУЭ

Іуащхьэмахуэ лъапэ щаухуа жылагъуэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ Тырныаузыр. Дауи мыдэхэнрэ: бгы уардэхэм я куэщІым исмэ, уэсылъэ къуршыщхьэхэм къахиху акъужь къабзэмрэ псынэпс щІыІэмрэ абы дэсхэм я дэрэжэгъуэм хагъахъуэмэ. ЦІыхухэм я дахагъэмрэ ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэмрэщ ихъуреягъри IэнатIэхэри зыдэбжьыфIэжыр. Къулеягъэшхуи бгъэдэлъу щытащ къалэм, и Іэгъуэблагъэм вольфрамрэ молибденрэ къызэрыщыщІахым къыхэкІыу. Ауэ зэманым абы и псэукІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьащ: Совет Союзыр шызэхэлъэлъэжым, къалэр къэзыгьэпсэу Тырныауз комбинатыр зэхуащІыжри абы щылэжьахэм ящыщ куэди дэІэпхъукІыжащ. АршхьэкІэ абы ноби щыIэщ лъэпкъым, хабзэм, бзэм хуэлажьэ IэщІагъэлІ гьуэзэджэхэр. Абыхэм ящыщщ илъэс плIыщІым нэсауэ а къалэм и школ №6-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ щезыгъэдж, школым и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Жэмыхъуэ Раисэ.
 Зэ еплъыгъуэкIэ ІуэрыІуатэм къыхэкІа бзылъхугьэ уардэм ибогьэщхь ар. Абы и адэр нарт лІыхъужь Бадын и цІэджэгьуу зэрыщытрами, езы цІыхубз лъагъугьуафІэм Іэдийм хуэдэу едзыха щхьэцыгъуэ кІыхь зэрызэрихьэрами, Тхьэм ещІэ. Ауэ, дауэ хъуми, зэрыцІыкІу лъандэрэ псоми хуагьэфащэрт абы лъэпкъ Іуэху пщэрылъ зыхуэхъун цІыху къыхэкІыну. ИкІи къыхэкІащ. Лъэпкъым и дежкІэ нэхъапэ щыІэ, абы хуэфащэ цІыху бгъэсэн, ебгъэджэн нэхърэ?! Апхуэдэ ІэнатІэщ абы къыхихар. Зеикъуэ курыт еджапІэр фІы дыдэу къиуха нэужь, куэд щІауэ псэм щигъафІэ, зыщІэхъуэпс егьэджакІуэ ІэщІагъэм хуеджэну Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкІэ и къудамэм щІэтІысхьащ.
Сыт щыгьуи пэрыту еса хъыджэбзыр зыхэс гупым фІыкІэ къыщыхэщырт: еджэкІэкІи, жьэнахуагьэкІи, теплъэкІи, хьэл-щэнкІи. Къыдеджэхэм пщІэ къыхуащІрэ езыгъаджэхэри къыхуэарэзыуэ зыщІэхъуэпса ІэщІагьэр зригьэгъуэтащ, унагъуи ихьэри, Тырныауз бгылъэ къалэм и сабий гьэсапІэхэм ящыщ зым лэжьэн щыщІидзащ. Ауэ абы куэдрэ зыщрагъэІэжьакъым: и лэжьэкІэм, бгъэдэлъ щІэныгъэ куум гу къылъатэри, къалэм дэт курыт школ-гимназием анэдэлъхубзэмрэ литературэмкІэ егъэджакIуэу ирагъэблэгъащ. Абы лъандэрэ илъэс тІощІ дэкІащ. А зэманым къриубыдэу Жэмыхъуэр зыпэрыт егьэджэныгьэ ІэнатІэр иригьэфІакІуэу, абы щІэщыгъуэ куэд хилъхьэу къогъуэгурыкIуэ. Раисэрэ иригъаджэхэмрэ сыт щыгъуи жыджэру хэтщ школым. къалэм, куейм щекІуэкІ жылагъуэ Іуэхугъуэхэм,зэхьэзэхуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм. «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм япэу къыхыхьахэми ящыщщ Жэмыхъуэр.
 ЕгъэджакIуэ Iэзэм иригъэкIуэкI урок зэІухахэмрэ классщІыб лэжьыгъэхэмрэ мызэ-мытIэу ирихьэлIащ къэпщытакІуэ гуп зэмылIэжьыгъуэхэр, жыпIэнурамэ, ахэр куэдрэ ІэфІу зигу имылъаи къахэкIакъым.
- Жэмыхъуэ Раисэ ящыщщ зи лэжьыгъэкIэ куэдым щапхъэ яхуэхъу егъэджакIуэхэм. Къызэригъэпэщ дерс купщIафIэхэм, классщIыб зэIущIэхэм я планхэмрэ сценарийхэмрэ дагъуэ хуумыщІыфыну екІуу дапщэщи зэхелъхьэж, щIэщIыгъуагъ хэлъу, купщIэшхуэ яIэу, - жаIэ егъэджакIуэм и лэжьыгъэм мызэ-мытIэу кIэлъыплъа IэщIагъэлIхэм. - ЕгьэджакІуэм и псалъэ зэпэщри, еджакІуэ цІыкІухэм я теплъэри, Іуэхум ирихьэлІэу ягьэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэ купщІафІэри - псори удэзыхьэхщ, щІэщыгъуэщ. Хуабжьу гуапэ тщохъу Жэмыхъуэм хуэдэ егъэджакІуэ гумызагьэ адыгэ куэд дыдэ зыдэмыс а къалэм зэрыщылажьэр. Адыгэбзэм, хабзэм, нэмысым хуэфащэ пщІэрэ лъытэныгъэрэ апхуэдэу дэни щиІэмэ, анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу, лъэпкъ зыужьыныгъэм хуэгъэпса гугьэфІхэр уэзыгьэщІ щIэблэ къызэрытщIэувэнур хьэкъщ. Аращ зыхуэлажьэр Жэмыхъуэм хуэдэ егъэджакIуэфIхэр, хэкупсэ зыIут гъэсакIуэхэр.
 Егъэджэныгьэм щигъэлъагъуэ зэфІэкІ лъагэхэм, щІэблэр гъэсэным хуищІ хэлъхьэныгьэшхуэм папщІэ Жэмыхъуэ Раисэ мызэ-мытIэу ягъэпэжащ. Абы къратащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Iуащхьэмахуэ районым егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм, Дунейпсо, Къэбэрдей адыгэ хасэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. ЕгъэджакІуэ ІэкІуэлъакІуэм и Іуэху зехьэкІэр, уеблэмэ, гъэщІэгъуэн щыхъуащ творческэ педагогикэмкІэ Урысей Академием и къудамэм. Абы и зи чэзу зэІущІэм Жэмыхъуэр ирагъэблэгъэри а Академием и член-корреспонденту хахащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ. Раисэ «ЕджапІэмрэ унагьуэмрэ» къудамэм щекІуэкІ къэхутэныгъэхэм жыджэру холэжьыхь. ЗэфIигъэкI лэжьыгъэ купщIафIэм къыпэкІуэу Жэмыхъуэм къыхуагъэфэщащ Академием къыбгъэдэкI ЩІыхь тхылъ.
- А псори си закъуэ къэсхьа ехъулIэныгъэкъым, - жеІэ Жэмыхъуэ Раисэ. - Япэрауэ, абыхэмкІэ фІыщІэшхуэ бгъэдэлъщ сыт и лъэныкъуэкІи зыкъысщІэзыгьакъуэ, ди школым и унафэщIхэм. Анэдэлъхубзэм, лъэпкъ Іуэхум эаужьыным, адэкІэ кIуэтэным ззфІэкІыу диІэр етхьэлIэнымкIэ, егъэджэныгьэ-гъэсэныгьэ лэжьыгьэм пыщІа сыт хуэдэ ІуэхуфIыр зэфэIдгъэкIынымкIэ дапщэщи къыткъуоувэ ахэр. ЕтІуанэрауэ (ар псом нэхърэ нэхъыщхьэу къыщІэкІынщ), си еджакІуэ цІыкІухэм яхуэбгъадэ хъун щымыIэу кьысщохъу. Ахэр псоми фІыкІэ къахощ: губзыгъэхэщ, гьэсахэщ, щэныфІэхэщ. АбыкІэ фІыщІэ яхузощІ пыщІэныгьэ быдэ зыхудиІэ адэ-анэхэм.
Жэмыхъуэр щылажьэ школым екІуалІэ мыадыгэ, мыбалъкъэр сабийхэми игъащІэ лъандэрэ мы щІыпІэм щыпсэу лъэпкъитІым я зым я бзэр ядж. Апхуэдэхэми жыджэру Раисэ ядолажьэ икІи иригъэкІуэкІ школ, къалэ, район зэІущІэхэм я утыку кърешэ зи анэдэлъхубзэм хуэдэу адыгэбзэр зыщІэ, ди лъэпкъ щэнхабзэм, литературэм фІыуэ щыгъуазэ мыадыгэ сабийхэр.
- Иджырей еджакІуэ цІыкІухэр анэдэлъхубзэм дебгьэхьэхын щхьэкIэ, абыхэм ящыщ дэтхэнэми и псэ лъащІэм улъэІэсын папщІэ, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуэгъуэтыпхъэщ. Апхуэдэ хэкІыпІэхэм ящыщщ урок нэужь, классщІыб лэжьыгъэм зегъэубгъуныр, лъэпкъыбзэмрэ хабзэмрэ я мыхьэнэр щапхъэ мыкІуэдыжхэмкІэ ебгъэбыдылІэныр, - жеІэ Раисэ.
Жэмыхъуэ Раисэ Іуащхьэмахуэ райным адыгэбзэмрэ литературэмкІэ и егъэджакІуэхэм я методикэ зэгухьэныгьэм и лэжьыгъэм жыджэру хэтщ. Завуч IэкIуэлъакIуэр, методист Iэзэр егьэджэныгьэм щIэуэ къыхыхьэ псоми набдзэгубдзаплъэу кІэлъоплъ, и лэжьэгъухэр, и нэIэм щIэтхэр абыхэм щыгьуазэ хуищІу. Адыгэбзэм и пщІэр абы къыщеІэт Іуащхьэмахуэ щIыналъэм къыщыдэкІ «Эльбрусские новости» район газетым и напэкІуэцІхэми, ди бзэмкІэ напэкІуэцІыр щигьэхьэзыру. Апхуэдэу мызэ-мытІэу ар Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэмрэ радиомрэ къыщагъэпсэлъащ, лъэпкъ Іуэхур, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр утыку кърихьэу.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.