УПЩIЭХЭР КIУЭ ПЭТМИ НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2021 - 2022 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэр иджыблагъэ иухащ. Зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм арэзы укъэзымыщI джэгукIэкIэ къыщIэзыдзэжа «Спартак-Налшыкым» накъыгъэм хиубыдэ иригъэкIуэкIа зэIущIэхэм щытыкIэр нэхъ зэпIэзэрыт ищIыжащ. АрщхьэкIэ ди командэм и щытыкIэмрэ къэкIуэнумрэ теуху упщIэхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу икIи абы уиымгъэпIейтеинкIэ Iэмал иIэкъым.

Накъыгъэм мазэм хиубыдэу «Спартак-Налшыкыр» япэу Павловскэ станицэм щыIущIат щIыпIэ «Кубань-Холдингым». Турнир таблицэм и еханэ увыпIэм щыт хэгъэрейхэм къапэщIэтт мы гъэ джэгугъуэ лъэхъэнэр зэрыщIидзэжрэ зы текIуэныгъэ фIэкIа зыIэрызымыгъэхьэфа Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэр. ЗэпэщIэтыныгъэр гуащIэ зэрыхъунум и щыхьэтт абы щIэдзэкIэ хуэхъуар. ДжэгупIэ губгъуэм и кум къыщыщIадзэри жыджэру ипэкIэ яунэтIащ ди щIалэхэм. ЛIупымрэ Бэчбомрэ зэIэпаха топыр хэгъэрейхэм я штрафнойм илъадэ Хьэшырым и лъэныкъуэмкIэ къыхатащ. Алан зэ еуэгъуэкIэ ар Имамовым и гъуэм дигъэкIащ.
17-нэ секундыр екIуэкIыу бжыгъэр къызэIузыха ди щIалэхэм зэIущIэр иухыу бжьыпэр яутIыпщакъым. КъыкIэлъыкIуэ топхэр 58-нэ 90+2-мрэ дакъикъэхэм кIэлъыдагъэкIыжри, текIуэныгъэшхуэ къахьауэ джэгугъуэр налшыкдэсхэм кърахьэлIащ. 
АрщхьэкIэ, накъыгъэм и япэ зэIущIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм и текIуэныгъэкIэ иухами, къыкIэлъыкIуэу ещэщIанэ джэгугъуэм щыщу Налшык щригъэкIуэкIам «Форте»-м щыпэлъэщакъым. 
Зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм и ещанэ увыпIэм зыщызыгъэбыда хьэщIэхэм жыджэру зэпэщIэтыныгъэр къыщIадзащ. Джэгум и япэ Iыхьэм хухаха зэманым и ныкъуэм нэблэгъауэ таганрогдэсхэр гупышхуэу ипэкIэ кIуэтащ. Абы хэту Юрченкэ къыIэрыхьа топыр «Спартак-Налшыкым» и гъуэм бгъэдыхьэ Захаровым и дежкIэ къыхитащ. Иужьрей лъэщу абы кIэлъеуэжри зэIущIэм и бжыгъэр къызэIуихащ. 
ЕтIуанэ топми куэдрэ футболеплъхэр зригъэжьакъым. Дакъикъитху нэхъ дэмыкIыу, бжыгъэр къызэрызэIуахам жыджэр къищIауэ топыр иIыгъыу ди штрафнойм ит Юрченкэ Ольмезовым ириудащ. Судьям метр пщыкIузымкIэ тегушхуауэ игъэлъэгъуащ. Езым къилэжьыжа пенальтир гъуащхьауэм Iэзэу игъэзэщIэжащ. 
ЕтIуанэ Iыхьэм зэрыкомандэу я хьэрхуэрэгъухэм я лъэныкъуэмкIэ кIуэта «Спартак-Налшыкым» зэIущIэм и кIэух бжыгъэм зримыгъэхъуэжыфурэ зэманыр и кIэм нэблэгъащ икIи къыкIэлъыкIуэ хэщIыныгъэр ягъуэтащ. 
Накъыгъэм и 17-м Дагъыстэным и къалащхьэм щызэхэтащ зэпеуэм бжьыпэр щызыIыгъ «Динамо»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэр. 
ЗэпэщIэтыныгъэр пашэм зэрыхуэфащэу, хэгъэрейхэм жыджэру къыщIадзащ. Мэхъэчкъалэдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр зэтраIыгъэу «Спартак-Налшыкым» и лъэныкъуэмкIэ зыщигъэбыдат. Антиповым и гъуэм и бгъэдыхьэпIэхэр зыхъумэ ди щIалэхэм «Динамо»-р гъунэгъуу кърагъэкIуалIэртэкъым, икIи и къежьапIэм щагъэужьыхырт. ХьэщIэхэми Iэмал ягъуэтыртэкъым контратакэ къызэрагъэпэщу джэгур я хьэрхуэрэгъухэм я лъэныкъуэмкIэ ягъэIэпхъуэну. 
ЛъэныкъуитIми топ зэрыдагъэкIын IэмалыфIхэр къызэрамыгъэпэщыфауэ зэIущIэм и япэ Iыхьэм и ныкъуэр и кIэм нэблэгъащ. Командэхэр загъэпсэхуну икIыну дакъикъитI нэхъыбэ къэмынэжауэ щытыкIэм зихъуэжащ. Ди щIалэхэм яIэщIэкIарэ «Спартак-Налшыкым» и штрафнойм ихьауэ гъуэм хуэкIуэ мэхъэчкъалэдэсхэм я гъуащхьауэр хабзэр къызэпауду фIэкIа Ольмезовымрэ Шумахуэмрэ къахуэгъэувыIакъым – пенальти. Ар Iэзэу зыгъэзэщIа Гаджиевым зы Iэмали къыхуигъэнакъым Антиповым топым къригъэгъэзэну. «Динамо»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Гаджиевым топыр ди гъуащхьэтетым пэжыжьэ ищхьэ плIанэпэм дигъэкIащ.
ЗэIущIэм щыдагъэкIа топ закъуэм джэгум и кIэух бжыгъэр кърикIуащ икIи «Спартак-Налшыкым» къыкIэлъыкIуэ хэщIыныгъэр игъуэтащ, Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-р IэщIэкIащ иджыри къэс къеныкъуэкъуа СКА-м: ростовдэсхэр а махуэ дыдэм пэлъэщакъым Прогрессым икIа «Биолог-Новокубанск»-м.
ЩэщIрэ етIуанэ джэгугъуэм хыхьэу Налшык щызэхэтащ «Спартак-Налшыкымрэ» Волгоград и «Ротор-2»-мрэ я зэIущIэр. Ар командэхэм жыджэру къыщIадзат. Дэтхэнэри хущIэкъурт псынщIэу бжыгъэр къызэIуахыу адэкIэ джэгур зэрыхуей щытыкIэм тету ирагъэкIуэкIыну. 
ЕбгъэрыкIуэныгъэ псынщIэ зыбжанэ къызэрагъэпэщахэм хуэфэщэн кIэух ирамыгъэгъуэтыфурэ зэIущIэм и япэ Iыхьэр и кIэм нэблэгъащ. ПлIыщIрэ етхуанэ дакъикъэм хэгъэрейхэм ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщ къызэрагъэпэщащ. Абы хэту топыр къызыIэрыхьа Шумахуэ Идар Волгоград и командэм и футболист зыбжанэм къапекIуэкIри, хьэщIэхэм я штрафнойм илъадэ Торосян и дежкIэ къыхитащ. Севадэ ар Iэзэу къигъэIурыщIэри гъуэм еуащ. Гъуащхьэтетым абы къригъэгъэзэну зы Iэмали къыхуэнэжатэкъым.
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм и кум джэгум къыхыхьагъащIэ Бажэ Амир кърагъэза дзыхьыр игъэпэжащ. ЗэпэщIэтыныгъэм и кIэух дакъикъэхэр екIуэкIыу ар зэуа топыр ЛIупым и лъэныкъуэмкIэ иригъэунэтIащ. Иужьрейр абы щхьэкIэ Iэзэу кIэлъеуэжри, бжыгъэр 2:0-м хуигъэкIуащ. 
ЩэщIрэ ещанэ джэгугъуэм «Спартак-Налшыкым» нэгъуэщI къалэхэм щригъэкIуэкIуэкIа джэгугъуэхэр ТIуапсы щызэхуищIыжащ. Зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм зэкIэлъхьэужьу къыщыкIуэ хэгъэрейхэмрэ налшыкдэсхэмрэ я зэпэщIэтыныгъэр жыджэру къыщIидзащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэр и «гъунэгъухэм» я лъэныкъуэмкIэ псынщIэ дыдэу джэгур игъэIэпхъуэри, текъузэныгъэ лъэщым щIидзащ. 
ЗэIущIэм зэрырагъажьэрэ дакъикъитху нэхъ дэмыкIауэ налшыкдэсхэр япэ изыгъэща Торосян Севадэ, етIуанэ Iыхьэми къыщыхэжаныкIащ. ТопитIкIэ япэ ища ди щIалэхэр убыдыпIэншэт – зы ебгъэрыкIуэныгъэм адрей къыкIэлъыкIуэу «ТIуапсыр» хагъэзыхьырт. Апхуэдиз текъузэныгъэр хэгъэрейхэм яхуэшэчакъым – зэIущIэм и кIэух бжыгъэр 4:0-м хуагъэкIуэжащ КIэдыкIуейм дигъэкIа пенальтимрэ Сындыкум и топымрэ. Апхуэдэу иужьрейуэ нэгъуэщI къалэхэм щригъэкIуэкIа зэIущIэр Тенджыз Iуфэм къыщихьа текIуэныгъэкIэ «Спартак-Налшыкым» зэхуищIыжащ. 
Зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэхэхэм хиубыдэу «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъащ зэпеуэм етIуанэ увыпIэр щызыIэрызыгъэхьа Дон Iус Ростов и СКА-р. ЗэпэщIэтыныгъэм кърикIуэну бжыгъэм командитIым я дежкIи турнир таблицэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ щыхилъхьэтэкъым, арщхьэкIэ 202I-2022 лъэхъэнэ зэхьэзэхуэр джэгукIэ дахэкIэ зэхуащIыжыну дэтхэнэри хущIэкъурт. 
Япэ топыр щыдагъэкIар сыхьэт ныкъуэ нэблэгъа нэужьщ. Налшыкдэсхэм я гъуэм пэмыжыжьэу штрафной щигъэзэщIащ Мазуровым. СКА-м и гъуащхьэхъумэныкъуэр лъэщу зэуа топым Антиповым къригъэгъэзэну зы Iэмали иIакъым – гъуэм и пкъом бгъэдэтыбзэу ар гъуэм дыхьащ. 
«Спартак-Налшыкыми» тыншу зитын мурад иIэтэкъым – дэтхэнэ зы ебгъэрыкIуэныгъэми и жэуапу контратакэ лъэщкIэ ростовдэсхэм я гъуэм бгъэдыхьэрт. Апхуэдэхэм ящыщ зым ЛIупым КIэдыкIуейм и лъэныкъуэмкIэ топыр къыхитащ, арщхьэкIэ хьэщIэхэм я гъуащхьэтетыр нэхъ жыджэру къыщIэкIри ебгъэрыкIуэныгъэр къызэпиудащ. Куэд дэмыкIыу, угловой нэужьым зымащIэкIэ топым лъэIэсакъым гъуэм хуэзанщIэу къэхута ХъутIэр. 
ЩытыкIэр зэпIэзэрыт ящIыжыным ди щIалэхэр пэгъунэгъу дыдэу щытами, хьэщIэхэр нэхъ Iэрыхуэт. Абыхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм кърикIуа угловойр къыхитащ Къэбэрдей-Балъкъэр футбол школым и гъэсэн ДыщэкI Аслъэн. Ди лъэпкъэгъум и топым лъэщу кIэлъеуэжащ зэIущIэм и бжыгъэр къызэIузыха Мазуровыр. Япэ топыр щыдигъэкIа щIыпIэм пэмыжыжьэу щыту ар лъэщу зэуа топым Антиповым зыри хуещIэжакъым. 
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм ди щIалэхэр хуабжьу жыджэращ. Апхуэдэу зыбжанэрэ топ дагъэкIыным пэгъунэгъу хуэхъуащ ЛIуп Ислъамрэ Бажэ Амиррэ, арщхьэкIэ абыхэм я топхэр зымащIэкIэ гъуэм блэлъэтырт. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм и апхуэдиз гугъуехьым ехъулIэныгъэ гур къахуимыхьыну Iэмал иIэтэкъым. Джэгум хухаха зэман нэхъыщхьэм къыщIагъуа дакъикъэхэр екIуэкI пэтми ди щIалэхэр къызэтеувыIэн мурад яIэкъым. Налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту топыр къызыIэрыхьа ЛIупым ар Белоусовым и дежкIэ игъэжащ, иужьрейм занщIэу Ашуевыр къигъуэтащ. СКА-м и гъуащхьэтетым хуэзанщIэу къыщыщIидза Мурад лъэщу зэуа топым Саутиным и гъуэр хигъэщIащ.
Зэхьэзэхуэм и иужьрей зэIущIэм ди щIалэхэр къыщыхагъэщIами, къыхэгъэщыпхъэщ ар «Спартак-Налшыкым» и джэгугъуэ нэхъ дахэхэм ящыщ зы зэрыхъуар. АдэкIэ зэрыхъунур хэт ищIэн?
 

Мэзкуу Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.