БЕРДЫМУХАМЕДОВ СЕРДАР МЭЗКУУ ЩЫХЬЭЩIАЩ

Мэкъуауэгъуэм и 11-м Мэзкуу къэкIуащ Тыркумэным и президентыщIэ Бердымухамедов Сердар. 
 «Урысеймрэ Тыркумэнымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэр къэкIуэну зэманым хуэгъэпсащ», - жиIащ Путин Владимир Бердымухамедовым щыхуэза зэIущIэм. ПрезидентитIым Iэ традзащ Урысеймрэ Тыркумэн республикэмрэ я зэхущытыкIэр нэхъ кууж щIыным теухуа декларацэм. 
 «Нобэ Тыркумэным Урысейм къыщещэху автомашинэ, хымрэ уафэмрэ зэрыщызекIуэ Iэмэпсымэхэр, - жиIащ Бердымухамедов зэIущIэр щекIуэкIа Малахит хьэщIэщым къыщыщыпсалъэм. – Апхуэдэ дыдэу дэри урыс компаниехэм Iэмал ядот ди деж я хьэпшыпхэр щащэну. Нобэрей зэIущIэр си щхьэусыгъуэу, сыхуейт Тыркумэным уезгъэблэгъэну», - зыхуигъэзащ щIалэм УФ-м и Президентым. 
И чэзур къэсмэ, Тыркумэным хьэщIапIэ зэрыкIуэнумкIэ къигъэгугъэу икIи и IэнатIэщIэм тригъэгушхуэу, Путин Владимир хьэщIэм «Зэныбжьэгъугъэм и орден» тыгъэ хуищIащ. 
 «Дэ адэкIи дыхьэзырщ Тыркумэнми ныбжьэгъугъэкIэ дызэпха адрей къэралхэми дадэлэжьэну, - жиIащ Путиным. – Мэзкуу форматым хеубыдэ Урысейр, Индиер, Ираныр, США-р, Китайр, Пакистаныр, Курыт Азием щыщ республикитхур. Зи цIэ къисIуа къэралхэм Афганистаныр зэфIагъэувэжыныр я пщэ далъхьэжащ. ИтIани, дэ дызэреплъымкIэ, абыкIэ жэуаплыныгъэ нэхъ ин зыхьыр, псом хуэмыдэу мылъку и лъэныкъуэкIэ, США-рщ. Америкэр Афганистаным илъэс 20-кIэ зэритарщ а къэралыр щыхупIэм бгъэдэзышар». 
 «Си гуапэ мэхъу, - къыхигъэщащ УФ-м и Президентым, - Урысеймрэ Тыркумэнымрэ зэкъуэту коронавирус узым зэрыпэщIэтри.
Президентым игу къигъэкIыжащ Урысейм Тыркумэным «спутник V» вакцинэм и бжыгъэшхуэ зэрыригъэшар, пщIэншэу иратахэри хэту. Бердымухамедовми, фIыщIэм къыдэкIуэу, жиIащ илъэсыр къызэрихьэрэ сымаджэ зэрамыIэжыр. 
Путин Владимир сэлам гуапэ хуигъэхьыжащ Сердар зи пIэ иува и адэ Бердымухамедов Гурбангулы.

КЪУДЕЙ Iэминэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.