Грознэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МЧС-м и Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм IэпщэрыбанэмкIэ я чемпионат.
Зэхьэзэхуэм зэхуишэсат Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и спортсмен нэхъ лъэщхэу 50-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы хэтащ Жапуев Альберд, Къаншокъуэ Роберт, Нэзэр Ахъед, Нэзэр Залым, Тхьэкъуахъуэ Ильяс, Темыркъан Астемыр, Къушхьэ Ельдар, Аюб Залым, Шурдым Амир сымэ.
Iэпщэрыбанэ бэнэкIэм и хабзэхэм къызэрагъэувым тету, зэхьэзэхуэхэр екIуэкIащ олимп зэхьэзэхуэхэм я жыпхъэмкIэ спортсменыр хагъэкIыу.
Дэрэжэгъуэ къуитрэ узыIэпишэу екIуэкIащ чемпионатыр. Дэтхэнэ бэнакIуэми текIуэныгъэм хуэпабгъэу, сыт и лъэныкъуэкIи ерыщу икIи екIуу зыкъигъэлъэгъуащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ, япэ увыпIэхэр яубыдащ ди бэнакIуэ лъэщхэу Жапуев Альберд, Тхьэкъуахъуэ Ильяс, Аюб Асте- мыр сымэ. Къаншокъуэ Роберт ещанэ увыпIэр къылъысащ.
Чемпионатым кърикIуахэмкIэ етIуанэ увыпIэр къихьащ КъБР-м и гупым, дыщэ медали 4-рэ зы жэз медалрэ зыIэрагъэхьэри.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ иратащ дипломхэр, медалхэмрэ кубокхэмрэ.
Спорт зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIащ узыншагъэр хъумэн зэрыхуейр яхэпщэн, физкультурэм нэхъыбэ дегъэхьэхын мурад- кIэ.
ЕкIуу зыкъэзыгъэлъэгъуахэм щIалэхэм дрогушхуэ! Дэ абыхэм дохъуэхъу спортымкIэ ехъулIэныгъэ екIухэр дяпэкIи зыIэрагъэхьэну!
БЕР Къантемыр.