ЗЭМАНЫР КУЭД ЩIАУЭ ПЕБЖЫКI

Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхур хущIэкъурт зэманыр къызэрибжыным. НэхъапэкIэ, ар иригъуазэу щытащ дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм. Къапщтэмэ, Пасэрей Мысырым зэманыр жэщ-махуэкIэ зэщхьэщагъэкIыу щытауэ аращ. Зэманыр нэхъ наIуэу зэкIэлъыхьыныр дыгъэ сыхьэтым деж къыщежьащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыкIэ къэббжыфынур махуэрат. Ди эрэм и пэкIэ илъэс 2500 - 600-кIэ узэIэбэкIыжмэ Пасэрей Персымрэ Пасэрей Китаймрэ къыщежьауэ щытащ псыкIэ лажьэ сыхьэтхэр. Нэхъ иужькIэ, ар Мысырми Алыджми нэсащ. ЩыIащ мафIэ сыхьэтхэри. Шэху уэздыгъэм и кIыхьагъкIэ лэдэххэр хуащIырти, абы иригъуазэрт. ПшахъуэкIэ къэзыпщытэ сыхьэтхэр къежьауэ хуагъэфащэ ди эрэм и пэкIэ III лIэщIыгъуэм.

МеханикэкIэ лажьэ япэ сыхьэтхэр XIII лIэщIыгъуэм Европэм къыщежьащ. Абыхэм иджыри бжыгъэхэр теттэкъым. Бжыгъэхэр тету, зэманыр нэхъ тыншу къабжу быдапIэхэм къыщагъэсэбэп сыхьэтхэр XIV-нэ лIэщIыгъуэм къыщыунэхуащ Италием. Сыхьэтым кIэрыщIат ар зезыгъакIуэ гырэшхуэр. Ахэр махуэм зыбжанэрэ теухуэным хуэныкъуэт, укъыщагъапцIи къэхъурт. Ауэ щыхъукIи, апхуэдэ сыхьэт зыдэт къалэр абы цIэрыIуэ ищIырт. Ди зэманым къэсыху яхъумащ Прагэ щыIэ быдапIэ сыхьэтышхуэу 1410 гъэм ящIар. Ар псэущхьэ теплъэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ, дыгъэмрэ мазэмрэ я зэблэкIыгъуэхэр къэзыгъэнаIуэ махуэгъэпси кIэрылъщ.

XV-нэ лIэщIыгъуэм къежьащ унэхэм щIэбгъэувэ хъу сыхьэтхэр. Гырэ хьэлъэр фIэлъыжтэкъым, пружинэ хэщIыхьат. XVI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм япэу къежьащ жыпкIэ кърахьэкI сыхьэтыр. Ар 1505 къигупсысащ Нюрнберг нэмыцэ къалэм щыщ IэпщIэлъапщIэ Генлейн Пётр. XVII-нэ лIэщIыгъуэм гу лъатащ маятникыр зэрыкIэрахъуэр къэбгъэсэбэпу зэманыр бгъэнаIуэ зэрыхъунур. А гупсысэр къэзыгъэIурыщIахэм ящыщщ Галилей Галилео. Абы къихутащ маятникыр зэрыхъейр хьэлъагъми езы маятникыр къызыхэщIыкIами зэремылъытар, атIэ мыхьэнэ зиIэр и кIыхьагъым зэризакъуэр. Апхуэдэу щыщыткIэ, маятникыр зэрыкIэрахъуэм и хуабжьагъым укIэлъыплъурэ, зэманыр къыпхуэбжынут. Ауэ абы зэпымыууэ укIэлъыплъыфынутэкъым. Маятникыр сыхьэтым и зэхэлъыкIэм тегъэпсыхьын хуейт. Галилей апхуэдэ сыхьэт къигъэщIыну хунэмысурэ, набгъэ хъуащ. МаятниккIэ лажьэ сыхьэт ищIащ нэгъуэщI физик цIэрыIуэ Гюйгенс Христиан. 1674 гъэм Гюйгенс къигупсысащ матиматикэм тегъэпсыхьа маятникым и плъыфэ, пружинэм пыщIауэ. Абы и фIыгъэкIэ къежьащ жыпкIэ кърахьэкI сыхьэтхэри, Iэпщэ сыхьэтхэр къэунэхуащ XIX-нэ лIэщIыгъуэм. Япэу ахэр зизылъхьар дзэм хэтхэрщ. ЦIыхубэм къагъэсэбэп хъуащ 1930 гъэхэм щегъэжьауэ.

Хым къыщагъэсэбэп тонометрым и Iуэхур мыхьэнэшхуэ зиIэу къалъытэрт. 1714 гъэм инджылыз парламентым абы телэжьэну гуп къызэригъэпэщащ. Хронометрыр къагупсысмэ, абы тыгъэу фунт стерлингыу мин 20 пагъэкIуэну къагъэгугъащ. Инджылыз IэпщIэлъапщIэ Гаррисон Джон зрипщытащ хронометрым. 1736 гъэм зэрагъэунэхур игъэхьэзыращ, 1761 гъэм нэщIысыжауэ къыдигъэкIащ. Махуэ 61-кIэ хым тета кхъухьым щылэжьати, хронометрыр медани 9 къудейщ къызэрыкIэрыхуар. Ауэ щыхъукIи, къызэрагъэгугъа саугъэтыр Гаррисон къыщыIэрыхьар 1772 гъэрщ.

1574 гъэм француз Кюзен Шарль япэу Женевэ къыщызэIуихауэ щытащ сыхьэт къыщыщIагъэкI лъэщапIэ. Абдеж щегъэжьауэ къыдагъэкI ноби щIэупщIэшхуэ зиIэ швейцар сыхьэтхэр. XIX-нэ лIэщIыгъуэм сыхьэт индустрием нэхъри хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ швейцар сыхьэтыщIхэм. Абыхэм я сыхьэтым зэманыр ипэжыпIэкIэ къабжырт, хуабагъым-щIыIагъми, хьэуам и псыIагъми емылъытауэ.

1799 гъэм «Breguet» фирмэм зи нэ имылъагъухэм папщIэ сыхьэтхэр къигупсысащ. Нэфхэм зэманыр къащIэрт Iэпэрыгъуазэу.

1927 гъэм американ инженер Моррисон Уоррен япэ кварц сыхьэтыр зэпкърилъхьащ. 1962 гъэм унэм къыщыбгъэсэбэп хъу кварц сыхьэтыр къагупсысащ. Ар къыдигъэкIащ «Seiko» япон фирмэм. Атом сыхьэтхэр къэунэхуащ 1959 гъэм.

Электрон Iэпщэ сыхьэтхэр цIэрыIуэ хъуным хэлIыфIыхьащ кинематографиер. XX-нэ лIэщIыгъуэм космосым теухуа фильмхэм я нэхъыфIу зыбжанэрэ къалъытащ Тарковский Андрей и «Солярис», Кубрик Стенли и «Космическая Одиссея 2001» фильмхэр. Кубрик Стенли «Hamilton Watch Company» компанием гурыIуащ фильмым папщIэ зыщIыпIи щамылъэгъуа теплъэ щIэщыгъуэ зиIэ сыхьэт къыхудагъэкIыну. Абы щыгъуэми, сыхьэтыр мылажьэми идэрт, атIэ мыхьэнэ зритыр цIыхухэм ялъэгъуну теплъэрт. Пэжуи, кином и лIыхъужьым и Iэпщэм илъу ялъэгъуа сыхьэтым гулъытэ игъуэтащ. 1970 гъэм «Hamilton» компанием къыдигъэкIыу щIидзащ ипэжыпIэкIэ лажьэ «Odyssee 2001» Iэпщэ сыхьэтыр.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.