«КАВКАЗЫР ДЫДЕЙХЭМ КЪУЭТЩ»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту республикэм и Росгвардием ирагъэкIуэкIащ хэкупсэ Iуэху щхьэпэ.

Росгвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ яхуэзащ «Волонтеры Победы», «Юнармия» урысейпсо сабий-ныбжьыщIэ жылагъуэ организацэхэм, «Кавказский рубеж» щIыналъэ къэлъыхъуакIуэ гупым я лIыкIуэхэм.

ЗэIущIэм щапхъэ папщIэу щытепсэлъыхьащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен зэрихьа лIыгъэм, апхуэдэуи ирагъэплъащ Дзэ Плъыжьым и тхыдэр къызыхэщ художестеннэ фильм кIэщIым.

Ди тхыдэм и фэеплъыр хъумэным мыхьэнэшхуэ зэриIэм теухуауэ хьэщIэ ныбжьыщIэхэм епсэлъащ Управленэм и унафэщIым дзэ-политикэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ, полковник Трушин Алексей.

- Совет сэлэтхэм зэрахьа лIыгъэр зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. ТщIэн хуейщ Хэку Зауэшхуэм и дерсхэр, ди щIыналъэм гузэвэгъуэшхуэ къизыхьа фашистхэм я мурадар,- къыхигъэщащ офицерым.

ЗэIущIэм и кIэухым «Кавказский рубеж» организацэм и лIыкIуэхэм росгвардейцхэм фIыщIэ хуащIащ къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIым папщIэ икIи я гупым и гимн хъуа, езым ятха уэрэдыр ягъэзэщIащ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, зи ныбжьыр илъэс тIощIрэ зым ит зауэлI хахуэм «Урысхэм затыркъым!» жиIэри, гранатэр яжьэхидзащ къэзыувыхьа фашистхэм. Апхуэдэу, 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м  Андырхъуей Хъусен и гъащIэр итащ. 1942 гъэм гъатхэпэм и 27-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ политрук нэхъыщIэ Андырхъуей Хъусен Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ.

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)