АБХЪАЗ-АДЫГЭ ТОПОНИМИКЭР ЩЫТЕПЩЭЩ

ЩIыпIэцIэхэм ятеухуа ди тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхэдгъэщауэ щытащ иджырей Архъызым и Iэхэлъахэм ди гъунэгъу къэрэшейхэр мымащIэу зэрыщитIысыкIар лъахэхутэхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъуу, а бгылъэ щIыпIэхэм я тхыдэри фIэщыгъэу зэрахьэхэри а лъэпкъым и закъуэ ирапхыу, абыкIэ зэфIэзыгъэкIыну хуэщIэкъухэр куэду къазэрыхэкIыр. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм темыкIхэр и щыпкъапIэм нэплъысыным, зэрыщытар ипэжыпIэкIэ зэхэгъэкIыным емыгугъухэр аращ. 

А псори мыбдежым щытхузэмыгъэзахуэми, Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ пыIудзауэ щиIэ и къуршылъэхэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм ящыщу тIум я гугъу тщIынщ. 

Адзэпш (Адзапш)
Апхуэдэу йоджэ дызытепсэлъыхь щIыналъэм щешкIурэх Лабэшхуэ ищхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ Санчаро псы бгъунжым и зы къуэпсхэм ящыщ зыми, а Iэгъуэблагъэм къыщызыпхив псы пщтыр хущхъуэхэми (я бжыгъэр 20-м щIегъу). Нэхъ телъыджэжыр аращи, а цIэ дыдэр зэрехьэ Къэрэшей-Шэрджэсым къуршхэмкIэ къыщыпэгъунэгъу Абхъаз Республикэм и бгыщхьэхэм къыщыщIидзэ Бзыбэ (Бзыбь) тIуащIэ абрагъуэм узэрыщхьэщыхьэ хъу шытх цIэрыIуэми (метр 2496-рэ и лъагагъщ).
Лъахэхутэхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Адзэпш» псалъэр IыхьитIу зэхэтщ. Япэр «пщтыр» мыхьэнэ къызэрыкI «адзэ» жыIэкIэрщ, етIуанэр, «пш» пычыгъуэр, дэ, адыгэхэм, «псы» зыхужытIэрщ. 

Рычэпстэ (Речепста) 
Инжыджышхуэ и псыхъуащхьэхэм къыщекIуэкI щIыпIэцIэхэм ящыщ зыщ.
 Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Фёдоров Яков и тхылъ гъуэзэджэу «Топонимика Западного Кавказа и некоторые вопросы его этнической истории» зыфIищам и 282-нэ напэкIуэцIым дыщрохьэлIэ мыпхуэ псалъэхэм: «Абхъаз-адыгэ топонимикэр щытепщэу щыта щIыналъэхэм ящыщ зыщ Инжыджышхуэ псым зыкъыщызэщIикъуэ къурш жьанэхэри. АбыкIэ щыхьэту къэувыфынущ Архъыз хэлъэдэж Рычэпстэ псы цIыкIум зэреджэри. ФIэщыгъэр тынш дыдэу абхъаз-адыгэбзэхэмкIэ къыбгуроIуэ. Япэ пычыгъуитIым, «ры-чэ» - м, абхъазыбзэкIэ къарыкIыр «жьауапIэ», «псыпцIалъэ» мыхьэнэхэр аращ. ЕтIуанэ пычыгъуитIыр, «пс-та» - р, тIууэ хэтщи, япэр, «пс» («псы») – р, абхъаз-адыгэбзэхэм зэдай псалъэщ, «та» - р щIыпIэр къэзыгъэлъагъуэщ». 
АтIэми, апхуэдэу йоджэ а лъэныкъуэмкIэ щыIэ къуршылъэхэр зэпызыщIэ «Абишира – Ахуба» бгы шытх екIуэкIым къыщыщIэж псы бгъунж цIыкIур зыщIэлъадэу зыбгъурыжыж Iуащхьэ джафэшхуэми (метр 3214-рэ и лъагагъщ), Уарпрэ Лабэрэ я псыхъуащхьэхэр зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэми. Къэдгъэлъагъуэмэ, Рычэпстэ Архъыз холъадэ, езы Архъыз Псыш хохуэж, Псыш Инжыджышхуэ и кIуапIэщ. 
ЩIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх лъахэхутэ-щIэныгъэлI цIэрыIуэ Твёрдый Александр «Топонимический словарь Кавказа» и тхылъым, 20II гъэм къыдигъэкIам, зэрыщитхымкIэ, «Рычэпстэ» фIэщыгъэр «Дыгъэ зыдэмыпсэ псы бэкъу» мыхьэнэми хуэбгъакIуэ хъунущ. 
   

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.