ЩIЭБЛЭР УЗЫНШЭМЭ, КЪЭКIУЭНУМИ УЗЫЩЕГЪЭГУГЪ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Гинекологхэмрэ гъэундэрэщхъуакIуэхэмрэ (анестезиологхэмрэ) я кавказпсо зэгухьэныгъэм и щIэныгъэ-егъэджэныгъэ зэхуэсыр иджыблагъэ щекIуэкIащ.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и Министерствэр и щIэгъэкъуэну щIэнIуатэр къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари КъБКъУ-м медицинэмкIэ и къудамэмрэ Зэгухьэныгъэмрэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр къызэрыунэхурэ илъэси 100, КъБКъУ-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 зэрырикъуэм ирихьэлIэу зэхаша щIэныгъэ-егъэджэныгъэ зэхуэсым кърихьэлIащ ди щIыналъэм щыщ анестезиолог-гъэундэрэщхъуакIуэхэр, гинекологхэр, мамыкухэр (акушерхэр), сабий дохутырхэр, терапевтхэр, апхуэдэу зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ Къэрэшей-Шэрджэсым, Шэшэным, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Дагъыстэным къикIа лIыкIуэхэр.
ЩIэнIуатэр къызэзыгъэпэщахэмрэ хьэщIэ къекIуэлIахэмрэ фIэхъус гуапэ яриха нэужь, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам къыхигъэщащ зэIущIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Мыпхуэдэ зэIущIэхэм я пщIэр лъагэ зыщIыр абы щекIуэкIыну псалъэмакъхэм щIэныгъэр тегъэщIапIэу зэраIэнурщ, абы къищынэмыщIауэ лэжьыгъэм фIэкIыпIэ имыIэу хэлъхьэн хуейуэ гупсысэ куэд къызэрыщаIуэтэнурщ. Мы IэнатIэр нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ, жыпIэмэ дыщыуэну къыщIэкIынкъым. Сабий дунейм къытезыгъэхьэну цIыхубзым и Iуэхум куэд хэлъщ, укIэлъымыплъмэ, игъуэм зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуэгъур иумытмэ, анэри сабийри пфIэкIуэдынкIэ шынагъуэхэр къыхэкIыу. Шэч хэлъкъым, Зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм хэтхэм IэнатIэм теухуауэ дохутыр цIэрыIуэхэм я чэнджэщхэр къазэрыIэрыхьэнум, щытыкIэ къызэрымыкIуэ ихуа анэмрэ сабиймрэ япэ дэIэпыкъуныгъэр зэралъэгъэIэсыпхъэм теухуа иджырей щIэныгъэри зэрагъуэтынум. Псоми къыдгурыIуэу, дыхуэсакъыу зы хьэкъ щыIэщ: щIэблэр узыншэмэ, къэкIуэнуми узыщегъэгугъ. ЩIэблэ узыншэр елъытащ анэм и узыншагъэм. Арыххэуи, лъэныкъуитIми ди фIагъ зэредгъэкIынум имызакъуэу, ди къару къихь етхьэлIэу IэнатIэр зэредгъэфIэкIуэнум дыхущIэкъун хуейщ. Си фIэщ мэхъу мы щIэныгъэ-егъэджэныгъэ зэхуэсыр а Iуэхум курыхыу зэрытелэжьэнур», – жиIащ министрым.
КъБКъУ-м и унафэщIым и цIэкIэ зэхуэсым хэтхэм щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хьэшыр Светланэ фIэхъус яриха нэужь, и псалъэм къыщыхигъэщащ: «ФэрыщIыгъи егъэлеиныгъи хэмылъу жытIэфынущ ди еджапIэм медицинэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным гулъытэ хэха зэрыхуэтщIыр. Аращ мы зэхуэсыр дэркIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу щIыщытыр. ЦIыхубзым и узыншагъэр хъумэным хуэунэтIауэ узыгъэгумэщI Iуэху куэд щыIэщ. Иджырей щIэныгъэр абы зэрыхуэсакъ Iэмалхэр къэлъыхъуэныр къэгъэнауэ, шынагъэ къэмыгъэхъуным и хэкIыпIэхэр къилъэгъуфу, игъуэм щIапхъэхэр занщIэу зэригъэпэщыфу щытын хуейуэ щытыкIэ йоувэ. Зы мащIэкIэ шэч къытесхьэркъым а псор ди дохутырхэм къазэрыгурыIуэм: аращ зэхуэсыр лъэныкъуэ куэдкIэ щхьэпэу къыщIэслъытэр, Зэгухьэныгъэм и унэтIыныгъэхэмкIэ IэмалыфIхэр къызэрыхилъхьэнуми, чэнджэщ щхьэпэхэр нахуэ зэрыщыхъунуми сыщIыщыгугъыр».
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ уз шыIэгъуейр гъэундэрэщхъуэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм, лъхуэныгъэм пыщIа Iэзэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм иджырей технологиехэр зэрыхаухуанэм, узым и къэхутэнымрэ абы игъуэм еIэзэнымрэ епха щIэныгъэм, зи лъхугъэр зэфIэкIа цIыхубзым и узыншагъэм къыхэкIынкIэ хъуну шынагъэхэр къызэрыщIагъэщвм, мамыку гъэундэрэщхъуэкIэм хащIыхь щыуагъэхэм, сабий къалъхуагъащIэм зэреIэб икIи зэрыкIэлъыплъ щIыкIэхэм, нэгъуэщI куэдми.
Зэгухьэныгъэм и унафэщI Шифман Ефим къызэрыхигъэщамкIэ, зэхуэсым ипкъ иткIэ дохутырхэм Iэмал яIащ я IэщIагъэмкIэ есэныгъэщIэхэр зэрагъэгъуэтыну, узыхуэсакъын хуейуэ лъхугъэм пыщIа IуэхугъуэхэмкIэ щIэныгъэщIэхэм зыщагъэгъуэзэну. Зэхахамрэ ялъэгъуамкIэ дохутырхэс яхузэфIэкIын хуейщ лъхугъэр къызыпэщылъ цIыхубзым и узыншагъэмкIэ зэран хъуну щапхъэхэр пасэу къихутэн, нэхъыкIэ мыхъуу ехьэлIапхъэ хущхъуэгъуэхэмрэ Iэзэгъуэхэмрэ игъуэм зэригъэкIэсын.
ЩIэныгъэ-егъэджэныгъэ зэхуэсым хэтахэм псоми я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ зэрыхагъэхъуам щыхьэт техъуэ, уней бжыгъэхэр зытет тхылъхэр иратыжащ, абы къищынэмыщIауэ дзыхь балл I2 дэтхэнэми хуагъэфэщащ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.