«АШЭМЭЗ И БЖЬАМИЙМ» КЪАХУОДЖЭ

Республикэм и Сабий библиотекэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм щрагъэкIуэкIащ «Нарт хъыбархэр» пшыхьыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр илъэси I00 зэрырикъум хуагъэхьэзырар.

Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ Налшык къалэм и сабий гъэсапIэ №35-м екIуалIэ цIыкIухэр. Библиотекэм и лэжьакIуэхэр абыхэм къахуеджащ «Ашэмэз и бжьамий» пшыналъэм,   адыгэ IуэрыIуатэм щыщ нэгъуэщI   лIыхъужьхэми яхутепсэлъыхьащ.   

Къапщтэмэ, лъэпкъ IуэрыIуатэри, щэнхабзэри, хабзэри щызэхэухуэна «Ашэмэз и бжьамий» пшыналъэр IыхьитIу зэхэт теплъэгъуэр гъэщIэгъуэнщ, гукъинэжщ.   Нарт щIыналъэм гуфIэгъуэ ин къихъуащ – Ашэмэз зыфIаща щIалэр къахэхъуащ. Нартхэм я тхьэмадэ Нэсрэн ЖьакIэ щIалэ цIыкIум хъуэхъу хужеIэ. Сэтэней-гуащэ Ашэмэз тыгъэ хуещI гъавэм и Тхьэ Тхьэгъэлэдж зэгуэр ейуэ щыта, зи кIапэ лъэныкъуэр хужь, адрей лъэныкъуэр фIыцIэ бжьамийр. Хужь лъэныкъуэмкIэ уепщэмэ, дунейр мэгъагъэ, фIыцIэмкIэ уепщэмэ, псэ зыIуту дунейм тетыр мэбзэх. ФIым, насыпым, лъагъуныгъэм и макъамэр Ашэмэз игъэIуну мэхъуахъуэхэр. ЦIыкIухэм зыхащIыкIащ пшыналъэм щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр - нартхэм я зэманым насып зыхуэфащэр насыпкIэ цIыхухэм ядэгуашэу щытар зэрыарар.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.