ЗЫХУЕЙ ПСОМКIИ КЪЫЗЭГЪЭПЭЩАУЭ

Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным, а лъэхъэнэр цIыкIухэм нэгузыужьу, гукъинэжу ирахьэкIыным къэрал гулъытэ егъуэт. Гъэмахуэр зэрыщIидзэрэ нобэ махуэ еплIанэу арами, Къэбэрдей-Балъкъэрым и санаторэхэмрэ сабий лагерхэмрэ хуэхьэзырщ ныбжьыщIэхэм абыхэм зыщрагъэгъэпсэхуну, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэну. Апхуэдэ IуэхущIапIэ куэдым я бжэхэр хуиту хузэIуахакIэщ ди щIыналъэм и цIыкIухэм.

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэным хуэгъэпса лэжьыгъэхэм хэту, Бахъсэн районым къыщызэIуахащ гъэмахуэ лагерхэм ящыщ зыбжанэ. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту лэжьыгъэр щаублащ Къулъкъужын Ипщэм дэт курыт школ №2-м и «Вагъуэ цIыкIу», ХьэтIохъущыкъуей жылэм Куэтэншы ТIалэ и цIэр зэрихьэу дэт курыт школ №3-м и «Зыгъэпсэхугъуэ хьэлэмэтхэм я IуэхущIапIэ» («ШИК») махуэрылажьэ лагерхэм. Абыхэм махуэ 21-кIэ екIуэлIэнущ япэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым абы щыIэну зезыгъэтха сабий 94-рэ.

Зи ныбжьыр илъэси 6-м къыщыщIэдзауэ I5-м нэс ныбжьыщIэхэм ящыщ дэтхэнэми зыгъэпсэхугъуэр гукъинэж щыхъуным йолIалIэ гупхэм яхэт гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр. Я ныбжьрэ дэзыхьэхрэ елъытауэ, сабийхэм папщIэ мэлажьэ гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр. ЦIыкIухэм я зыгъэпсэхугъуэм тещIыхьауэ егъэджэныгъэмкIэ район IэнатIэм программэ хэха иубзыхуащ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ сабийхэм драгъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэр: я нэгу зегъэужьынри, я къэухьым, зэхэщIыкIым хэгъэхъуэнри, эстетикэ, хэкупсэ гупсысэхэм хуэущиинри.

 Лагерхэм щагъэзащIэ сабийхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным епха Iуэхугъуэ псори.

ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.