ДУНЕЙПСО ТХЫЛЪ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭ

Хьэрып Эмиратхэм  я къалащхьэ  Абу-Даби   щекIуэкIа дунейпсо тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм ди республикэм и лIыкIуэу хэтащ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, «Жан» зэгухьэныгъэм и унафэщI, усакIуэ, журналист Къаныкъуэ Заринэ.

Урысейм и лIыкIуэу абы щыIащ тхакIуэхэр, усакIуэхэр, сабий тхылъхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэр, бзэ щIэныгъэлIхэр, зэдзэкIакIуэхэр.  Тэтэр, дагъыстэн, шэшэн литературэхэр утыку кърахьащ Галиул-Лин Рустем (Къэзан), Джалиловэ Айгюн (Мэхъэчкъалэ), Цуруев Шарип (Грознэ) сымэ. Урысейм и къэрал стендыр игъэхьэзыращ Гуманитарнэ тхылъ тедзапIэ зэгухьэныгъэм (ОГИ). Аращ Урысейм ис лъэпкъхэм я антологиехэр къыдэзыгъэкIри. Выставкэм хыхьэу Урысейм и дапхъэр къызэрагъэпэщащ художественнэ, тхыдэ, сабий литературэхэм ящыщ иужьрей къыдэкIыгъуэхэмкIэ. 

- Къэралым и лъэпкъ цIыкIухэм къахэкIа тхакIуэхэм папщIэ ягъэхьэзыра программэм дытету дылэжьащ. Выставкэм дыщытепсэлъыхьащ бзитIымкIэ тхэхэмрэ зэдзэкIакIуэхэмрэ зыIууэ Iуэху зэIумыбзхэм, - жеIэ Заринэ. – Апхуэдэ дунейпсо щэнхабзэ зэхыхьэшхуэхэр щхьэпэщ щIыналъэ цIыкIухэм я тхакIуэхэм зыдужьынымкIэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыщ ди лэжьэгъухэр зэдгъэцIыхунымкIэ, ныбжьэгъу дызэрыгъэхъунымкIэ, ди лэжьыгъэхэмкIэ дызэчэнджэщынынымкIэ. Къэралым и дежкIи апхуэдэ зэпыщIэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Урыс литературэм дихьэххэм я мызакъуэу, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэм, лъэпкъыбзэкIэ тхахэм еджэхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэнымкIи ар IэмалыфIщ. Хьэрып Эмиратым нэхъапэм  хузиIа еплъыкIэм зихъуэжащ, сыту жыпIэмэ, нэхъ пасэм ар къэрал зэхуэщIауэ къысщыхъурт. Зи хабзэ зыIыгъыж, зи диным пщIэ хуэзыщI къэралыр нэгъуэщIхэми   и бжэр зэрыхузэIухар гуапэщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж