ЗИ ПЛЪАПIЭХЭР НАХУАПIЭ ХЪУАХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­-пуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ ­Казбек мэкъуауэгъуэм и 2-м Моск­ва щахуэзащ сабийхэмрэ ­ныбжьыщIэхэмрэ я «Большая ­пе­ремена» урысейпсо фес­ти­валым ди щIыналъэм и цIэкIэ мы махуэхэм хэт егъэджа­кIуэ­хэмрэ школакIуэхэмрэ.

Фестивалым я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэ республикэм и сабий, щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэу Тырныауз къалэм и гимназие №5-м и 11-нэ классым щIэс Абулькин Тамирлан, Налшык къалэм Къудащ Е.П. и цIэр зезыхьэ и гимназие №14-м и 10-нэ классым щIе­джэ Бетрожь Тимирлан, Бахъсэн ­къалэ округым и курыт еджапIэ №6-м и 9-нэ классым щIэс Иуан Аскэр, творчествэмкIэ сабийхэм я «ДыгъафIэ къалэ» академием и лIыкIуэ Канунниковэ Еленэ, Прималкэ къуажэм и школым и 10-нэ классым щеджэ Кара­чихинэ Каринэ, Налшык къалэм дэт гимназие №29-м и 10-нэ классым щIэс Лян Алексей, Чёрнэ Речкэ къуажэм щыщ еджа­-кIуэ Шон­дыкъу Белэ сымэ. Конкурсым хэ­тыну апхуэдэу пхыкIащ сурэт щIы­ным хуезыгъаджэ ­ГъукIэпщ Марьянэрэ урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджа­кIуэ ХьэщIэ­рылI Каринэрэ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек а зэIущIэр зэрекIуэкIам щы­тепсэлъыхьыжащ телеграм-каналым щиIэ напэкIуэцIым. «Ныб­жьыщIэхэм езыхэм гукъы­дэж зэращIам тету дэ Ут Плъы­жьым къыщыткIухьащ, ди школакIуэхэм конкурсым къы­щы­халъхьа проектхэм дытепсэ­лъыхьащ. Мы зэпеуэр ирагъэ­кIуэкIыну къэзыIэтахэм я жэр­дэ­мыр ядиIыгъащ ди Президент ­Путин Владимир Владимир и ­къуэм. «Большая перемена» зэ­щIэ­хъееныгъэр къэралым и жы­лагъуэ сабий-щIалэгъуалэ зэгу­хьэныгъэ нэхъ ин дыдэ хъунущ. Абы теухуа законопроектым иджыпсту Къэрал Думэр хоплъэ. Проектым Къэбэрдей-Балъкъэрми щIэгъэхуэбжьауэ зыщеужь»,- итхащ республикэм и Iэтащ­-хьэм.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщ­хьэхукIащ зэщIэхъееныгъэм хэтхэм егъэджэныгъэр, волонтёр лэжьыгъэр, туризмэр егъэ­фIэ­кIуэ­ным хуэгъэзауэ къыхалъхьэ жэрдэмхэмрэ проектхэмрэ ягъэ­зэщIэнымкIэ сыт и лъэныкъуэ­-кIи дэIэпыкъуныгъэ зэрагъуэтынур.
Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я фестивалым и къызэгъэпэщакIуэу къэуващ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэр, Урысей Федерацэм Егъэ­джэныгъэмкIэ и министерствэр, Москва и Правительствэр, фейдэ къэлэ­жьыным пымыщIа «Боль­шая перемена» организацэ пыгъэщхьэхукIар. Апхуэдэу фес­тивалыр егъэкIуэкIынымкIэ абы и къызэгъэпэщакIуэхэм къа­до­Iэпыкъу «ЩIэныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэр, фейдэ къэ­лэжьыным пымыщIа «Урысейр зэ­фIэкI­хэм я къэралщ» орга­низацэ пыгъэщхьэхукIар, «Шко­ла­кIуэ­хэм я урысей зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо жыла­гъуэ-къэрал сабий-ныбжьыщIэ организацэр.
Мы зэщIэхъееныгъэм Урысейм и щIыналъэхэм щыщ сабийрэ ныбжьыщIэу 8000-м щIигъу къы­зэщIиубыдащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми и щIалэгъуалэ ­проектыр пхигъэкIащ, финалым кIуащ икIи фестивалыр къызэ­зыгъэпэщахэм Москва ирагъэблэгъащ. ХьэщIэхэр лекцэ­хэм едэIуащ, мастер-классхэм хэтащ. «Сабийхэм я павильон» утыкум щIалэгъуалэм щагъэлъэгъуащ Урысейм и къалэ зэмы­лIэужьыгъуэхэм зегъэужьыным тещIыхьауэ ягъэхьэзыра проектхэр.
«Большая перемена» фес­тивалым хэтхэм захуигъэзащ Урысейм и Президент Путин ­Владимир. «Фэ псори зы къупхъэм къикIам хуэдэу фызэщхьу щымытми, дэтхэнэри фыху­щIокъу фи зэфIэкI нэхъыщхьэ дыдэхэр къэвгъэлъэгъуэну, ди къэралым, фи Хэкум ипэжыпIэ­кIэ сэбэп къыхуэфхьыну. ИкъукIэ гъуэзэджэщ фестивалым и фIы­гъэкIэ фызэрызэрыцIыхуар, фы­зэ­рызэрыщIар, куэдкIэ фызэ­ры­зэщхьыр зэрыфлъэгъуар, щIэ гуэрхэм щыгъуазэ фызэрыхъуар. Фи щIэблэм, фэ фщыщ дэтхэнэми фызыхуей псори фиIэщ ­къэ­кIуэну зэманым хуэфащэу, егу­гъуныгъэ, жэуаплыныгъэ фхэ­лъу, Хэкур фIыуэ флъагъуу, щIэныгъэм фи гур зэIухауэ зыр адрейм дэIэпыкъуну фыхьэзыру фыщытын папщIэ. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу фи плъапIэ псори къызэрывэхъулIэнур», - къыхи­гъэ­щ­хьэхукIащ къэралым и Iэтащхьэм.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.