НАЛШЫК И МЕЙ ХЬЭБЛЭР

КъБР-м и Iэтащхьэр лэжьыгъэ IуэхукIэ Моск­ва щыIущIащ ДОМ.РФ-м и уна­фэщI Мутко Виталий.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм псэупIэ ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIым, федеральнэ щIыхэр къызэрагъэ­сэбэпым, аукционхэр къызэрызэрагъэпэщым, со­циальнэ объектхэр щаухуэну щIы Iыхьэхэр пщIэншэу зэрыратым, ПсэупIэ-ухуэныгъэ кооперативым и проектхэр зэрагъэзащIэм.
Щхьэхуэу и гугъу ящIащ республикэр ДОМ.­РФ-м и гъусэу япэу зи ужь ихьа проект иным – «Мей» фIэщыгъэр зиIэ иджырей хьэблэ цIыкIу Налшык щыухуэным. НэхъапэкIэ зэрызэгуры­Iуахэм тету лэжьыгъэхэр Iыхьэ-Iыхьэу зэпыудауэ зэуэ унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ ирагъэкIуэкI. Ухуэ­ныгъэм хухаха щIыналъэм щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм теухуа япэ аукционыр мэкъуауэ­гъуэм и кIэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщыну траухуащ.
- Мей районым хуэдэ проект япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэу аращ. Проектыр ДОМ.РФ-мрэ щIыналъэ властымрэ зэгъусэу ягъэзэщIэнущ. ЩIыпIэ къыхахам ухуэныгъэхэр зэрыще­кIуэкIынур УФ-м ухуэныгъэмкIэ и министерст­вэмрэ ДОМ.РФ-мрэ зэгъусэу зэхалъхьа, ЩIы­налъэхэм комплекснэу зегъэужьынымкIэ щыIэ мардэхэм тету яубзыхуащ. Проектыр щагъэзащIэкIэ къагъэсэбэп ДОМ.РФ-м и Iэмал зэхуэмыдэхэр, ухуэныгъэр нэхъ псынщIэу щIэ­дзэным, инвесторхэм я мылъкуу трагъэкIуадэр гъэмэщIэным, щIыналъэм зегъэужьыным икIи къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа лэжьыгъэхэр щIэгъэхуэбжьэным хуэунэтIауэ, - къыхигъэщащ Мутко Виталий.
Иджырей убзыхуныгъэхэм къызэрыщагъэлъагъуэмкIэ, зы унэм и щIыхьэпIэхэм яIэ къат бжыгъэхэр зэхуэдизкъым, ухуэныгъэхэм я пщIантIэхэм машинэхэр щыплъагъунукъым, къи­щы­нэмыщIауэ, социальнэ объектхэр дащIыхьынущ. Гектар 15,5-рэ хъу щIыналъэм метр зэбгъузэнатIэу мин 84-рэ хъу псэупIэхэр щаухуэнущ. МикрорайоныщIэм поликлиникэ, егъэ­джэ­ныгъэ Iуэху­щIа­пIэхэр, апхуэдэуи узыншагъэр щра­гъэ­фIэ­кIуэж физкультурэ комплекс дащIыхьыну я мурадщ.
КъБР-м и Iэтащхьэм Мутко Виталийрэ «ДОМ.РФ-м и лэжьакIуэ гупымрэ фIыщIэ яхуищIащ щIы­налъэм къыщыхалъхьэ жэрдэмхэр сыт и лъэныкъуэкIи къызэрыдаIыгъым икIи ахэр гъэзэщIа хъунымкIэ зэгурыIуэу зэрызэдэлажьэм папщIэ.
- ДОМ.РФ-м нэхъапэкIи пыщIэныгъэ худиIащ, абы кърикIуахэми арэзы дыкъищIащ. Нобэрей зэIущIэм дыщытепсэлъыхьащ Налшык и инфраструктурэ проектхэм хэтлъхьэн мылъку иджыри дызэрыхуейм, абы и лъэныкъуэкIэ Iуэхугъуэ зыбжанэкIи зэгурыIуэныгъэхэр зэтщIылIащ. Ахэри псэупIэ ухуэныгъэхэм пытщэным дытезыгъэгушхуэ хэкIыпIэфIщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм кърикIуам ипкъ иткIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.