Зи IэнатIэм хуэпэжхэр

«ЦIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ», - жеIэ псалъэжьым. Абы и щы­хьэтщ ди тхыгъэр зытедухуа щIалэ­хэм я лэжьыгъэр хьэлэлу зэрырахьэкIым я пщIэр лъагэ зэрищIыр, я щхьэр зэригъэлъапIэр. Зыпэрыт IэнатIэм къы-хуигъэув къалэныр нэгъэсауэ зэфIах «РОУЛД» ООО-м и лэжьакIуэхэу Тхьэгъэлэдж Iэ­ниуар, Къэшэж Арсен, ХьэцIыкIу Беслъэн, Зеленский Виктор сымэ. Дэтхэнэри и лэжьыгъэм хуэIэ­рыхуэу, абыкIэ ихь жэуаплыныгъэр зыхищIэу Iуэхум пэрытщ.

ЩIалэхэм я зэфIэкIыр зыхуэ­дэ­ри, я цIыхугъэр здынэсри, Iуэхум зэ­ры­хуэIэкIуэлъакIуэри мыгъэрей щIы­­махуэм дгъэунэхуащ. Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ Кичмалкэ ­жы­лагъуэм къыщыщIэдзауэ «Долина Нарзанов» зыгъэпсэхупIэм нэс ирикIуэ гъуэгум егъэлеяуэ уэсышхуэ щызэтрехьэ. АпхуэдизкIэ куууэ къыт­релъхьэри, машинэхэр хэмыкIыфу хэнэу, къызэ­ры­хэпшыжын гуэр ­къебджэми, узэрыбгъэдыхьэн лъэ­ныкъуэр къыпхуэмы­гъуэту, жэщ-махуэ зыбжанэкIэ абы уелIэлIэн хуей хъурт. А гъуэгум ирикIуэхэр илъэс къэс дызыIууэ гу­гъуехьыш­хуэт ар, ауэ мы лъэхъэнэр тын­шу итхащ зи цIэ къитIуа а щIалэхэм я фIыщIэкIэ. Жэщ-махуэ ямыIэу абыхэм гъуэгур ягъэкъэбзащ. Мы щIы-пIэм щIымахуэм и нэхъыбапIэр жьап­щэшхуэ щыIэурэ ­йокIуэкI. Бгъэкъабзэу уздрикIуа гъуэгум и кIэм укъиплъэжамэ, птхъуаи-умыт­хъуаи жыхуиIэм хуэ­дэу, уэсыр къытри­хьэ­жырт. Апхуэдэхэм дежи, езэш ямы­щIэу, нэху щыхункIэ ­гъуэгур ягъэкъэбзащ. Уеблэмэ, абыхэм къахуихуащ жэщитI-махуитIкIэ щы­лэ­жьаи. 
А гъуэгум щызекIуэхэр зыIууэ гугъуехьхэр зэрахузэфIэкIкIэ щагъэп­сын­щIэн папщIэ  щIалэхэм, я къару емыб­лэжу лэжьыгъэшхуэ ирахьэкIащи, щIыналъэм щыпсэухэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхудощI. Узыншагъэ быдэ яIэу, гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ щы­мыщIэу, я лэжьыгъэм и хъер ялъагъуу, цIыхухэм сэбэп зэрахуэхъур къахуэщ­хьэпэжу, фIыгъуэр я унагъуэм илъу псэуну до­хъуэхъу.
Щоджэн  Мурат.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)