Зэпымыууэ дыгъэпсу щрырет!

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр щагъэлъапIэ мэкъуауэгъуэм и 1-м Налшык къалэм гуфIэгъуэ, нэгузыужь зэ­хы­хьэхэр ще­кIуэкIащ. 

Зэхыхьэхэр пщэдджыжьым яублащ. Къэбэрдей уэрамым и лъэс зекIуапIэм цIыкIухэр щызэхуэсри, асфальтым сурэт ­тещIыхьынымкIэ «Сэ гъэмахуэм и теплъэр сощI» зыфIаща зэпеуэм я зэфIэкI щеплъыжащ. Махуэшхуэм пащащ Мовсисян и цIэр зезыхьэ уэрамым къат куэду зэтет псэупIэ унэхэм деж щекIуэкIа «Зэпымыууэ дыгъэпсу щрырет!»; курыт еджапIэ №33-м,   №20-м, прогимназие №41 я Iэгъуэблагъэм къыщы­зэрагъэпэща «Къеблагъэ, гъэмахуэ!»; «Сабийхэм я махуэшхуэ» зыфIаща программэ щIэщыгъуэхэмкIэ. Къищынэ­мы­щIауэ, Налшык къалэ, ХьэтIохъущокъуэм и жыг ха­дэм ит Шахмат унэм ще­кIуэ­кIащ шахмат дж­эгухэм я зэхьэзэхуэ. 
ИужькIэ Къэбэрдей уэрамым, Кадыровым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм щекIуэкIащ НыбжьыщIэ театрым и артистхэр, «Иоканта» студием и уэрэджыIакIуэхэр зыхэта «Сабийхэр зэпымыууэ ирена­сы­пыфIэ!» зэхыхьэхэмрэ концертхэмрэ. 
ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и ат- ­трак­ционым «Шагъдий» къэфакIуэ ансамблым шэджагъуэм концерт щитащ, мыбы зыкъыщагъэлъэгъуащ Эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зе­зыхьэ къалэ центрым и гъэсэнхэм. «На­рисуй улыбку» Iуэхум хыхьэу, аниматорхэм зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэ­пэщри, сабийхэр саугъэтхэмкIэ ягъэгуфIащ. 
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжымрэ Налшык къалэм Гъуазджэ­хэмкIэ и сабий школхэмрэ концерт ятащ Са­бийхэр ехъулIэным и дунейпсо махуэмрэ республикэм и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ я щIыхькIэ. Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм и утыкум деж концерт щитащ «Рирада» уэрэджыIакIуэ гупым.
Хьэсэней къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм «Сабиигъуэр - ар уэрэ сэрэщ!» концерт щра­­гъэкIуэкIащ. 
Зэрыхабзэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и адрей щIыпIэхэми щызэхэтащ сабийхэр хъу­мэным ехьэлIа зэхыхьэхэр, зэпеуэхэр, нэгузыужь Iуэхугъуэхэр. ЦIыкIухэмрэ адэ-анэхэмрэ абыхэм я нэгу зыщиу­жьащ, дэрэ­жэгъуэ щагъуэтащ.
АРЩЫДАН  Дахэнагъуэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.