АБИШИРЭ-АХУБЭ

Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ бгылъэ щIыналъэщ, къурш тхыцIэ, шытх теплъэ зиIэщ. Лабэшхуэ и тIуащIащхьэхэм къащхьэщыт Загедан Iуащхьэм (метр 3099-рэ и лъагагъщ) и джабэщIхэмкIэ къыщIедзэри къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Джэмэрыкъуэ щыгум (метр 3I80-рэ и лъагагъщ) йоуалIэ. Иужьрейм къэрэшейхэм, кIуэ ар къызыхахар уэ къащIэ, «Джемараклы-Тебе» фIащащ.

Гу зэрылъытэгъуафIэщи, «Абиширэ-Ахубэ» щIыпIэцIэр пычыгъуитIу зэхэтщ. Япэр, «Абиширэ» Iыхьэр, бзэ щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, унагъуэцIэ гуэрым, Абэшырхэ, къытехъукIащ. Ар хэти, езым зэрыфIэкъэбылу, къэрэшейуэ егъэув («рэ» пычыгъуэу и кIэм пытым гу зэрылъатэ щымыIэу), мыдрейхэми ар абазэ лъэпкъым я деж щызекIуэ лIакъуэцIэм ирапх.

ФIэщыгъэм и етIуанэ пычыгъуэр, «Ахубэ» Iыхьэр, лъахэхутэхэм ящыщ куэдым, ди гуапэ зэрыхъущи, адыгэбзэм хэт «хъупIэ» псалъэм хуахь, «Абиширэ-Ахубэ» щIыпIэцIэр апхуэдэхэм «Абэшырхэ я хъупIэ» мыхьэнэм хуагъакIуэ.

Мы щIыпIэцIэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ щхьэхуэ зиIэхэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэсым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ абазэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я доктор Иуан Сарият. Аращ япэу къыхэзылъхьар «Абиширэ-Ахубэ» фIэщыгъэм и етIуанэ Iыхьэр «Ахъубэ» зыхужаIэ абхъаз цIыхухъуцIэм е унагъуэцIэм къытехъукIагъэнкIэ зэрыхъунур.  

Телъыджэр аращи, бзэщIэныгъэм зыдезыгъэхьэххэм яхэтщ мы фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр, «Абиширэ» жыхуиIэр, «аб» - «ширэ» пычыгъуитIу зыгуэшу, япэри етIуанэри санскрит бзэм къыхэкIыу абы пэгъунэгъуу къалъытэ пуштун-таджик бзэхэм къыхэна псалъэхэм хуэзыгъакIуэхэри.

Апхуэдэхэм зэрагъэувымкIэ, «аб» пычыгъуэм къикIыр «псыщ» е «псыежэхщ», «ширэ» Iыхьэр зыхуэпхь хъунур «ткIуаткIуэ къишкIушкIукIщ». АрщхьэкIэ, итIани, дызыгъэгуфIэр аращи, дызытепсэлъыхь щIыпIэцIэм и «Ахуба» кIэухыр, нэгъуэщI къыхуамыгупсысыжыфа хуэдэ, зыхуахь хъуну къалъытар абазэ-адыгэбзэхэм хэт «тхыцIэ», «бгы», «лъагапIэ» егупсысыкIэрщ. Зэрыщыту къатщтэмэ, «псыежэх къэзыгъэщI тхыцIэ» мыхьэнэм хуагъакIуэу. 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.