ЗЭФIЭКI ЛЪАГЭХЭР КЪАГЪЭЛЪАГЪУЭМэзкуу областым хыхьэ Ершовэ щIыпIэм щекIуэкIащ лIэужьыгъуэ псори щызэхуэхьэса каратэмкIэ Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 39-м къикIа спортсмен 420-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм ящыщу «полный контакт» лIэужьыгъуэм пашэныгъэр щаубыдащ Жамбей Астемыррэ Толдиевэ Лейлэрэ. ТхьэлI Анзор дыжьын медалыр къихьащ. Тогузаев Ислъамрэ Толдиев Алийрэ ещанэ увыпIэхэр зыIэрагъэхьащ. Къэхъун Бэч.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|