ХьэцIыкIу Башир и зэфIэкI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир. Абы ­игъэзащIэ уэрэдхэм езыр виолончель макъамэ Iэмэ­псымэмкIэ зэрыдежьур, бэрэбаным и макъыр щIэ­щыгъуэу зэрыщIигъэувэжыр телъыджэщ. Езы Башир зэрыжиIэмкIэ, виолончелыр абы къегъэсэбэп шы­кIэ­пшынэм ипIэкIэ икIи ежьу папщIэу (хорым и къалэныр егъэзащIэ). Макъамэ гъуазджэм а и лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэныр иджыблагъэ дэ щызэхэтхащ Налшык дэт Лъэпкъ музейм, Башир и щхьэгъусэ Миланэ и гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуаха махуэм. 

Башир абы щита концерт цIыкIур (ар иджы япэу и за­къуэу утыку къихьэу аращ) игъэзащIэхэм я Iыхьэ мащIэщ. XIX - XX лIэщIыгъуэхэм яусахэу «Кхъужьеижьым и тхьэу­сыхэ», «ПащIэ Бэчмырзэ и тхьэусыхэ», «Мэлыхъуэ щIалэм и гъыбзэ», «Дзыгъур КIаш», пщылIым и «Сэрмахуэ» гъы­бзэр, «Дотэху и уэрэд», «Нартыгу и тхьэусыхэ» уэрэдыжьхэр абы къызэхуэсахэм захригъэхащ. «Псори къыщежьар виолончель и гъусэу жаIэ уэрэдыжьхэр архивым хэлъу срихьэлIа нэужьщ, - жеIэ Башир. - Зэман дэкIри, Къэбэрдей-Балъкъэрым Хьэлил Болэт къригъэблэгъащ франджы музыкантхэр, абыхэми лъэпкъ макъамэм щIыгъуу къагъэсэбэпырт виолончелыр. Бэрэбаныр гуэгъу яхуэсщIыну тегушхуар сэращ икIи сыкъэпцIакъым. Дэгъуэу а макъыр щIозагъэ». 
Ди нэгу щIэкIам хэта «тепщэч», «чей» макъамэ Iэмэ­псымэхэми узыIэпашэ. «А псор зыдэбгъэIэпыкъуну гугъукъэ?» - жытIэу Башир дыщеупщIкIэ, къыпогуфIыкIри къыджеIэ: «Ударнэ макъамэ Iэмэпсымэхэм сеуэфырти, абы зыгуэр щIызгъуныр къызэхьэлъэкIауэ схужыIэнукъым. ЛъакъуэкIэ дэIэпыкъунри хьэлъэкъым, лъапэхэр тедгъэуэныр ма­къамэрылажьэхэм ди хьэлу зэрыщытыр Iуэхум къыхэп­лъытэмэ. Iэпэ зытелъ макъамэ Iэмэпсымэхэр бзэпс зыте­дзахэм нэхърэ нэхъ зэрыспэгъунэгъум, виолончелыр абыхэм къазэрыщхьэщыкIым къыхэкIыущ зэкIэ гугъу сы­щIехьыр. Ауэ дауэ хъуми, икъукIэ сигу ирохь».
ХьэцIыкIу Башир зэрысабий лъандэрэ макъамэ Iэмэ­псымэ зэмылIэужьыгъуэхэм дахьэх. Псалъэм папщIэ, абы къыщIидзащ пшынэрэ доулрэ еуэнкIэ. Башир «Хьэгъэ­джэгу» гупым хэтащ, иужькIэ «Джэрпэджэж» гупым уэрэд щыжиIащ. Камерэ электрон макъамэхэр щызэ­щIэ­жьыуэ, «Бзу» зыфIаща лэжьыгъэхэр зэдагъэхьэзырауэ ­щытащ Баширрэ Мэршэнкъул Астемыррэ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, а проектым и теплъэр зыщIар ХьэцIыкIу Миланэт. 
ПащIэ Бэчмырзэ и уэрэд-гъыбзэхэр щызэхуэхьэсауэ ­Башир альбом егъэхьэзыр. Илъэс хъуауэ зэлэжьыр и кIэм ноблагъэ, дыщыгугъ хъунущ ар куэд мыщIэу тлъагъуну, зэхэтхыну. «Зауэ хэмыкIыу псэуа адыгэхэм къащIэна уэрэдыжьхэм я нэхъыбэр гъыбзэщ, тхьэусыхэщ. Пэжщ, щыIэщ я гъащIэ гугъур псынщIэ иращIу яуса гушыIэ, хьэ­гъуэлIыгъуэ, ефэ-ешхэм щыжаIэ уэрэд зэмылIэужьы­гъуэхэри. Абыхэм зэкIэ яужь сихьакъым», - жеIэ Башир. 

ИСТЭПАН Залинэ. 

Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.