БлэкIа жыжьэм и джэрпэджэжым игъэнэщхъейуэ

Хабзэ зэрыхъуам тету, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ зэрырикъум теухуа Щыгъуэ-щIэж дауэдапщэхэр махуитIкIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Илъэсищэ зауэм лъэп­къым къыхуихьа мыгъуа­гъэ псори ягу къагъэкIыжу, дяпэкIи апхуэдэ нэ­щIэбжьэ я щхьэ къримы­кIуэным иригъэгупсысу, блэкIам и дерсыр зэпригъэшачэу щыгъуэ хуэIухуэ­щIэхэм хэт цIыхухэр Псэ жыгым деж къыщызэхуэсащ.

Накъыгъэм и 20-м и пщыхьэщхьэм, сыхьэт 18-м ирихьэлIэу, фэеплъ утыкум деж «Си Хэку, си уэрэд» фIэщыгъэр зиIэ, адыгэ пшы­налъэхэмрэ лъэпкъ уэрэ­дыжьхэмрэ я пшыхь ще­кIуэкIащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ Хьэмырзэ Ахь­мэдрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ пшыхьыр Бемырзэ Му­хьэдин адыгэ лъэпкъым и къудамэ псоми яхуигъэза усэ щэджащэмкIэ къызэIуахащ. Лъэпкъыр лъэрыщIыкI зыщIа зауэм къела мащIэм унагъуэ ящIу, багъуэу, уэрэд жаIэу, усэ яусу зэрыхъужам ди адэжьхэм илъэсищэм нэблагъэкIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр пщIэншэ зэры­мыхъуар, щIэзэуа Хэкужьри зеиншэу къызэрымынар абыхэм я псалъэ мащIэм щIэжьыуэ дахэу къыхэщащ. Пшыхьым къыщыIуащ зауэжьым и тхыдэм ухуезыгъэплъэкIыж, адыгэ­хэм я щхьэ кърикIуа гуауэр къэ­зыIуэтэж гъыбзэхэр, ­Къул ФатIимэ, ХьэхъупащIэ Амыр­хъан, БатIитIэ Му­хьэ­мэд, Щхьэгъум Борис, Жы­лау Арсен, Къущхьэ Заурбий, Бэч Азэмэтрэ Беслъэней Ренатэрэ, ДыщэкI Артур, «Бзэрабзэ» гупым, Таш­ло Алий, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэу.
Гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ хухаха Iыхьэр зэфIэкIа нэужь, Псэ жыгым и лъапэм деж шэху уэздыгъэхэр щыпа­гъэнащ. «158» бжыгъэмрэ адыгэ ныпым тещIыхьа шабзищымрэ ва­гъуэ пщыкIу­тIымрэ я теп­лъэр къызытещ шэху су­рэтым цIыхухэр къеувэкIри, тэлайкIэ щыму щызэхэтащ, блэкIа жыжьэм и джэрпэджэжым игъэнэщхъейуэ, фэеплъ мафIэхэм я хуабэм къытхэмытыж нэхъыжьхэм я псэхэр къришалIэ къып­фIэщIу.
Абы иужькIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ­жэрдэмкIэ, Псэ жыгым  деж жьэ­рымэ щагъэуащ, ­кхъуей, IэфIыкIэ и гъусэу щагуэшащ.
ЦIыхухэр жэщыку пщIондэ зэхэмыкIыжу фэеплъ утыкум деж щызэхэтащ, нэхъыжьхэм я псалъэм, я ущием, я тхыдэ ­хъыбархэм нэхъыщIэхэр щIэдэIуу, акъылкIэ зэдэ­гуашэу.
ЕтIуанэ махуэм, накъыгъэм и 21-м, Кавказ зауэм хэкIуэда ди нэхъыжьхэм я щхьэр хуа­гъэщхъыну жэрдэм зиIэ псори Псэ жыгым деж иджыри зэ къыщызэхуэсащ. Адыгэ ныпхэр яIыгъыу цIыхухэр уэру утыкум итт, ­щыгъуэ махуэм и нэщхъеягъуэр гурэ псэкIэ зыхозы­гъащIэ макъамэхэр щабэу къеуэрт, цIыхубэри, абы и мыхьэнэр зэрызыхащIэр къыхэщу, Iэдэбу зэхэтт.
Щыгъуэ пэкIум кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоро­-вэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, министрхэр, депутатхэр, ­къулыкъущIэхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр.
Щыгъуэ пэкIум сыхьэт  11-рэ дакъикъэ 30-м щIи­дзащ. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Му­хьэдин Кавказ зауэр зэриух­рэ илъэси 158-рэ зэ­рыри­къум теухуа щыгъуэ пэ­кIур къызэIуихри, Къэбэрдей­-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыху­-хэм зэрызахуигъазэ тхыгъэм ­къеджащ. 
АдэкIэ Къумахуэм цIы­хубэм захуигъэзэну псалъэ иритащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Но­бэ адыгэу дунейм тетыр мэ­щыгъуэ Кавказ зауэжьым хэкIуэда ди адэжьхэм пап­щIэ. Дэри, хабзэ зэрытхуэхъуауэ, Налшык дэт фэеп­лъым деж дыкъыщызэ­хуэсащ. - Зэман жыжьэм ди лъэп­къыр зыхэта гуауэр ­дигу къыщыдгъэкIыжкIэ, илъэси 100-м щIигъукIэ екIуэ­кIа ­зауэжьым насы­пыншагъэу къытхуздихьам дегъэгу­мэщI. Дауи, нэхъы­бэу дигу щIыхьэр а зауэ­жьым зи щхьэр хэзылъхьахэм нэ­мыщI, къэнам я нэхъыбэр хэкум зэрырахуарщ. Ауэ адыгэр дуней псом тепхъа хъуами, абы къару къызыкъуихыфащ и щхьэр, и лъэпкъ хьэл-щэнхэр, и бзэр, и хабзэр ихъумэжыну. Мыхьэнэшхуэ иIэщ хэкум къинахэр - Урысейм, хэхэс ­хъуахэр здэщыIэ къэралхэм я жылагъуэ-политикэ гъащIэм, псэукIэщIэхэм зэ­ры­хэ­зэгъами. Нобэ дэ псоми къыдгуроIуэ Кавказ зауэр Урысей пащтыхьыгъуэм ири­гъэкIуэкIа политикэм къызэрырикIуар икIи ар но­бэрей Урысейм зыкIи ет­пхыркъым. - БлэкIар зы­щыдгъэгъупщэ хъунукъым, тхыдэм дерс къыхэтхкIэрэщ ди къэкIуэнур убзыхуа зэ­рыхъунур. Ауэ абы папщIэ куэд зэпэт­лъытын хуей мэхъу, нэхъ ­куууэ дыгупсысапхъэщ. Иджы­рей геополитикэ Iуэху­хэм дыхэзэгъэн, нэгъуэщI­хэм я мурад фIейхэм папщIэ дыкъамыгъэ­сэбэпын щхьэкIэ, ди тхыдэм фIыуэ хэтщIыкIын хуейщ. Языныкъуэ къарухэм ди щIалэгъуалэр гъуэгу пхэнж трагъэувэну, зэпэщIэувэ­ныгъэхэм хашэну ирагъэ­кIуэкI Iуэху­хэм лъабжьэ едгъэщI хъунукъым. Адыгэр гуауэ куэд зылъэгъуа, блэ­кIам Iущ ищIа лъэпкъщи фIым, дахэм, мамырыгъэм я мы­хьэнэр къыдгуроIуэ. Но­бэ хамэ къэрал куэдым ды­щыпсэуми, дэ быдэу ды­зэрапх хэхэсхэми хэ­курыс­хэми я псэм хэлъу къэгъуэгурыкIуэ адыгэ хабзэм, щэн­хабзэм, нэгъуэщI хъу­гъуэфIыгъуэхэм. Дэтхэ­нэ зыри къыхузоджэ блэ­кIам къытхуихьа гуныкъуэгъуэр зыщыдмыгъэгъупщэу нобэ къыдэкIуэтей щIалэ­гъуалэр лъэпкъым хуэпэжу дгъэсэну, ди нэхъыжьхэм яхэлъа псэ къулеягъэр, къарууфIагъэр, шыIэныгъэр, Iущагъыр ябгъэдэтлъхьапхъэщ. Мис абы щыгъуэщ ди щхьэр Iэтауэ къэкIуэнум дыщы­хэ­бэкъуэнур, ди республикэр, Урысейр едгъэ­фIэкIуэн папщIэ зэфIэкI къыщытлъыкъуэкIынур», - жи­Iащ Сэхъурокъуэм.
Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм дуней псом зэуэ щыхуэщыгъуэ дакъикъэм, сыхьэт 12-м щынэблагъэм, цIыхубэр щымащ. А дакъикъэм гурэ псэкIэ зы ищIащ хэкум къина адыгэхэри, ди лъэпкъэгъухэр зэрыс къэ­ралхэри.
Щыгъуэ пэкIум къыщызэ­хуэсахэм дыуэ ящIащ, зауэшхуэм хэкIуэда ди адэжь­хэм жэнэтыр унапIэ яхуэхъуну тхьэ елъэIуахэщ. Абы иужькIэ КъБР-м и къэрал икIи щIыналъэ къулыкъущIапIэхэм къикIахэм удз гъэгъа Iэрамэхэр фэеп­лъым тралъхьащ.
Щыгъуэ махуэр абдежым щиухакъым. ПэкIум хэтахэр ирагъэблэгъащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэ­Iуаха, Сочэ къалэ щыщ сурэтыщI ХьэщIэмыз ФатIимэ и IэдакъэщIэкIхэм я гъэ­лъэгъуэныгъэм, къалэхэм­рэ къуажэхэмрэ щекIуэкI щыгъуэ-щIэж Iуэхугъуэхэм.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.