ЛъэужьыфIэу Iэужьыбэ

ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зэрихьэу Нартан къуажэ  дэт унэ-музейм накъыгъэм и 18-м щагъэлъэпIащ Музейхэм я дунейпсо махуэр. 

Зи псалъэр нахуэ, акъылыр жан, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу псэуа ПащIэ Бэчмырзэ и Iэужьыр бейт, лъэу­жьыр дахэт. Аращ абы нобэми и щхьэр зыгъэлъапIэр. Бэчмырзэ псэуху телэжьащ адыгэ тхыбзэр, тхыдэр нэхъ дахэ, нэхъ къулей щIыным. «Жьапщэ мыгъуэ», «Гъатхэ», «Си щIыпIэм папщIэ», «Жьы хъуар гу махэщ», «Дуней ухуэныр - щIэныгъэ Iуэхущ», «Уэ щlакlуэфl уимыlэу...», «Уэсят» «Гъащlэм и уасэ зыщlэр», «Фызыжь», «Зэманыр псынщlэу йокlуэкlыр...» усэхэр но­бэми «бзэгупэм телъу кърахьэкI», - жыхуаIэм хуэдэщ. Сыт и уасэ Бэчмырзэ и «Псалъэ пэжхэм»?! Абы и дэтхэнэ тхыгъэми адыгэхэм ­я псэукlар, зэхэтыкlар, а зэманым ­къекlуэкlа lуэхугъуэ куэд къыхо­щыж. И лэжьыгъэ щхьэпэхэр   адыгэ тхыдэм къыханащ. Пащlэ Бэчмырзэ и цlэр зэрехьэ Налшык и уэрамхэм ящыщ зым. Абы и фэеплъ музей дэтщ къыщалъхуа ­къуажэм, Бэчмырзэ и цIэр зэрехьэ Нартан дэт курыт еджапIэ­хэм я зым. 
Адыгэ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ ПащIэ Бэч­мырзэ и щIыхьыр ягъэлъэпIэну ­музей бжэIупэм дыгъуасэ щызэхуэсат Шэ­джэм щIыналъэ, Нартан ­къуажэ администрацэхэм я лIы­кIуэхэр, ­нэхъыжьыфIхэр, къуа­жэ- д­эс­­хэр, школакIуэ цIыкIухэр.
Илъэс къэси хуэдэу, пшыхьыр къызэзыгъэпэщар музейм и уна­фэщI ПащIэ Еленэщ. Ар къызэIуахащ лъэпкъым, хэкум хуэгъэзауэ Бэчмырзэ итха хъуэхъумкIэ.
Нартан къуажэ Iэтащхьэм и къуэ­дзэ Фырэ Любэ Iуэхум зыкъре­зыгъэхьэлIахэм фIэхъускIэ за­хуи­гъэ­защ.
- Щхьэусыгъуэ дахэкIэ дызэхуэсащ. Къуажэдэсхэр ПащIэ Бэч­мырзэ къызэрымыкIуэу дрогушхуэ, абы и фэеплъ музей дызэриIэм ­дыщогуфIыкI. КъищынэмыщIауэ, жылэм дэт курыт еджапIэ №1-м Бэчмырзэ и цIэр зэрехьэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ республикэм и щIыпIэ куэдым къикIыурэ хьэщIэ-хэр щIэх-щIэхыурэ къызэрытхуеб­лагъэр. Лъэпкъ, лIакъуэ къэс и щхьэр зыгъэлъэпIэн адыгэлIхэр къа­хэкIыну, апхуэдэхэм яхуэфащэ пщIэ ялъыдгъэсыну си гуапэщ, - захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм.
Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Псы­нокъуэ Тимур адэкIэ псалъэ иратащ.
- ЩIыналъэм и унафэщIым и цIэкIэ, сэ къызбгъэдэкIыу мы Iуэху дахэмкIэ музейм и лэжьакIуэхэм дынывохъуэхъу. Ди тхыдэр, хабзэр, Iэужьыр егугъуу зыхъумэр, зе­зыхьэр фэращ, Тхьэм фыхущIигъэхьэ, - жиIащ абы. 
Унэ-музейм щIэлъ хьэпшыпхэр, дэфтэрхэр, сурэтхэр зэрызэхуахьэсам кIэщIу щыгъуазэ ящIащ къы­зэхуэсахэр.
 Музейр фIыуэ зылъагъухэм,  абы и лэжьакIуэхэм яхуэгъэзауэ ­щы­тащ Налшык дэт Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс и псалъэр.
- Лъэпкъым и тхыдэр, и псэр зыхъумэр, ар щIэблэм пэжу ябгъэ­дэзылъхьэр музейхэрщ. Лъэпкъыр къызэтенэн папщIэ абы къалэн ин егъэзащIэ. ПащIэ Бэчмырзэ и ­тхыгъэхэр, и адыгэбзэ дахэр, абы къытхуигъэна Iэужьыр къыпхуэ­мы­лъытэну бейщ. Дывгъэхъумэ а дахагъэр! - жиIащ Накуэм.
Пшыхьым Бэчмырзэ и IэдакъэщIэкI къыхэхахэм къыщеджащ, усакIуэ цIэрыIуэм и гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэм я гугъу ящIащ.

Щомахуэ  Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.