АХЪСОР ПЩЫМЫРЗЭ И ФЭЕПЛЪ ШЫГЪАЖЭ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ищхъэрэ (Къаншууей) жылэм накъыгъэм и 9-м къыщызэрагъэпэщащ къуажэ тхьэмадэу щыта нэхъыжьыфI Ахъсор Пщымырзэ и фэеплъ шыгъажэ.

Джылахъстэнейм и къуажэхэм, Налшык, Лашынкъей, Аргудан, Псыгуэнсу, Шэджэм, Къубэ-Тэбэ, Къулъкъужын, Осе­тие Ищхъэрэ - Аланием къикIауэ шууей 56-рэ хэтащ абы. Ар Курп  Ищхъэрэ къуажэ администрацэм, жылагъуэ Iуэху­щIа­пIэхэм,  Пщымырзэ  и унагъуэм  я  жэрдэмкIэ  къызэрагъэпэщащ.
КъыхэжаныкIахэмрэ япэ увыпIэр зыубыдахэмрэ доллар мини      3 ахъшэ саугъэту трагуэшащ.
Къэжэгъуихым хэтахэм къахьа увыпIэфIхэр :
Япэ: Ахэмын С. (Плановскэ къуажэ), Къакъий И. (Аргудан), Къып К. (Къулъкъужын), Вазагов Къ. (Осетие Ищхъэрэ - Алание), Нэгъуей А. (Лашынкъей), Вазагов М. (Осетие Ищхъэрэ - Алание).
ЕтIуанэ: Щад А. (Аргудан), Сындыку А. (Плановскэ), Дудэ А. (Псыгуэнсу), Бэджрэт М. (Аргудан), Абазэ Б. (Налшык къалэ), Пыжьынэ А. (Тэрч къалэ).
Ещанэ: Балъкъэр С. (Плановскэ), КIэбышэ С. (Лашынкъей), Сэбан А. (Плановскэ), Токъмакъ М. (Къубэ-Тэбэ), Абазэ Б. (Налшык къалэ), Зыхъуэ М. (Шэджэм).
 

 

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ