ЩIАЛЭ ГУАЩIАФIЭ

Скульптурэр гъуазджэм и лIэужьыгъуэ нэхъ гугъухэм икIи зэман нэхъыбэ зытекIуадэхэм ящыщу къыщIэкIынщ. Ауэ дэтхэнэ лэжьыгъэри тхыдэм, зэманым и щыхьэту къоув, лIыхъужьыр е къэхъукъащIэр гъуджэм къригъэщыжми ярейуэ.

Тэрч къалэм щыщ скульптор ныбжьыщIэ Ащхъуэт Сослан и IэдакъэщIэкIым еувэлIэн и пэ, ар зытеухуар куууэ щIеджыкI, итIанэ а Iуэхур сурэту и нэгу къыщIэува нэужь, лэжьыгъэм и ужь йохьэ. Сослан ищIа скульптурэхэм ящыщу и гум щигъафIэр, мыхьэнэшхуэ зритыр и лъахэм триухуахэрщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Къэнжалыщхьэ зауэм и фэеплъыр, «Диоген» скульптурэр. Ахэр мызэ-мытIэу щIалэм щигъэлъэгъуащ выставкэ зэмылIэужьыгъуэхэм.

Сослан сурэт щIыныр фIыуэ илъагъуу и адэ-анэм гу щылъатэм, художественнэ школым ягъэкIуауэ щытащ. Абдеж Сослан япэу щилъэгъуащ адыгэ сурэтыщIхэм - ТхьэкIумашэ Михаил, КIыщ Мухьэдин, Шемякин Михаил сымэ - я IэдакъэщIэкIхэр. Абыхэм я IэщIагъэр зигу дыхьа щIалэр нэхъ егугъу хъуащ а гъуазджэм и щэхухэр къызэритIэщIыным. Гъуазджэм къызэрыхуигъэщIар и фIэщ щыхъум, Сослан щIэтIысхьащ Владикавказ дэт художественнэ еджапIэм. 20I3 гъэм япэ увыпIэмрэ саугъэт нэхъыщхьэмрэ абы и лэжьыгъэхэм къыщыхуагъэфэщащ «Шемякиным и гъатхэ» зэпеуэм. Училищэр къыщиух илъэсым Ащхъуэтыр хэтащ Строгановым и цIэр зезыхьэ академием къызэригъэпэщ дунейпсо олимпиадэм. Абы пашэ зэрыщыхъуам и фIыгъэщ экзамен имыту ар скульптурэмкIэ кафедрэм и япэ курсым, профессор Бурганов Александр и нэIэм щIэтым, зэрыщIэхуар. Апхуэдэу щIалэр Москва къыщыхутащ.

2019 гъэм къиуха еджапIэ нэхъыщхьэм щIэсыху Сослан щхьэх имыIэу дунейпсо зэхьэзэхуэхэмрэ щIалэгъуалэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ хэтащ.

ЩIалэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэм яхэтщ СССР-м и цIыхубэ артист, Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зи гъащIэр пыщIауэ щыта Этуш Владимир и бюстыр.

Иджыпсту ар щолажьэ Урысейми дуней псоми зи скульптурэхэр щагъэува, УФ-м и цIыхубэ художник Щербаков Салават и лъэщапIэм.

- СеджэхукIэ, ар школ, лицей, академие ирехъуи, гъэсакIуэфI куэдым сахуэзащи, дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI. Щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейт художественнэ школым сыщезыгъэджа Къатей Арсен, гъуазджэр фIыуэ зэрыслъэгъуам абы и гуащIэ хэлъщ, - дыщIегъу Ащхъуэтым.

Сослан зэрыжиIэмкIэ, тхыдэм къыхэщыж лIыхъужьхэм я скульптурэ щIыным къызэрымыкIуэу дехьэх. И IэдакъэщIэкI нэхъ купщIафIэхэм ящыщу къэплъытэ хъунущ академиер къыщиухым пщы ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и фэеплъ ищIар. И лъагагъкIэ метрищрэ ныкъуэм щIигъу лэжьыгъэм и купщIэр адыгэ лъэпкъым и хахуагъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэт. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, 2008 гъэм Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Осетинскэмрэ я зэпылъыпIэм деж щIыпIэ хухихауэ щытащ а цIыхушхуэм и фэеплъ щагъэувыну.

- Диплом лэжьыгъэм илъэс псо текIуэдат. Ар зэпкърысхыжын хуей хъуащ, ауэ абы и дэтхэнэ пкъыгъуэри си щхьэм къинащи, сыт хуэдэ зэманми сеувалIэу щIэрыщIэу схуэщIыжынущ, - жеIэ Сослан.

КъэкIуэну зэманым Сослан и мурадхэм ящыщщ Кавказым и щэнхабзэм нэхъ куууэ зыщигъэгъуэзэну, нарт эпосым теухуа фэеплъ зыбжанэ ищIыну. ЩIохъуэпс и IэдакъэщIэкIхэр Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я цIыху цIэрыIуэхэм триухуэну.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж