ДЗЮДОМ И ЗЫУЖЬЫГЪЭМ ХУЭУНЭТIАУЭ

Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м къыщызэIуахащ дзюдомкIэ щIыналъэм и секцэ. Абы теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэм ирихьэлIащ Урысейм ДзюдомкIэ и федерацэм и вице-президент Соловейчик Сергей, «РЖД» ОАО-м корпоратив зэпыщIэныгъэхэмкIэ и департаментым и унафэщIым и япэ къуэдзэ Гуц Андрей, «Локомотив» урысейпсо физкультурэ спорт зэгухьэныгъэм и генеральнэ директорым и къуэдзэ Джэданэ Алим, «Локомотив» дзюдо клубым и президент Бабыгуей Аслъэн, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Джэданэ Залым сымэ. 
Муниципальнэ къудамэхэм, «РЖД»-м и унафэщIхэм, дзюдом зегъэужьынымкIэ «Локомотив» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр яхэту спортсмен ныбжьыщIэхэм зыгъэсэныгъэхэр нэгъэсауэ ирагъэкIуэкIын папщIэ зыхуэныкъуэ псомкIи къызэрагъэпэщащ. 
Къызэхуэсахэм я псалъэм къыхэщащ IэмалыщIэ къызэIуахахэм я фIыгъэкIэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэм я спорт ехъулIэныгъэхэм хэхъуэну, чемпионыщIэхэмрэ спортсмен цIэрыIуэхэмрэ къэунэхуну зэрыщыгугъыр. 
 

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.