ЖЫГ КЪУДАМЭ

Си кIуэцIыр къреIуэнтIыкI, си бгъэ гъуэмбым илъ гу IэшкIэр гъущI уадэм хуэдэу къоуэ, щIы хъеям иудыныщIэ блыну си бгъэгур къиудыныщIэу.
Сызыпэмыплъа къэхъуауэ ара хьэмэрэ укIытэ е шынэ къыстекIуа?! Сщыгъупщэу сызыщIэхъуэпст ар, ауэ дэнэт?!
Си щIалэгъуэ дахэм дыркъуэу къытенащ, тхьэбзэу.
«Ей, щIалэ… ПщIэр сыт?» псалъэхэм си псэм зыхаукъуэдиящи, мафIэри зыми щыщкъым абы елъытауэ. ГуфIэгъуэри, жьы щтэгъуэ имыгъуэтурэ, - бауэкIэщIым дэбзэхащ.
Сэ сыдэплъейри, си IитIыр зэрысшиифкIэ сыдэпхъуеят, хуэрэджэ дыщафэ хъурейхэр зыIэрызгъэхьэну. Зыгуэрхэр къысIэрыхьэ хуэдэу хъури, сIэщIэцIэфтыжащ, ауэ напIэзыпIэм адрей IэмкIэ къэспхъуэтэжащ. Къудамэ лантIэм сыкIэрыщIауэ сыщехуэхым, си лъакъуэр зэфIэзгъапкIэу, си бгыр къэзгъэшами, щIым хуищIэу сытехуащ, гуэщIыкI макъ жагъуэри зэхэсхащ. Сыдэплъеймэ, къудамэр жыгыпкъым къыпылэлырт, щымыщ гуэр фIэкIа умыщIэну.
ЛIым и хъурджауэр си щIыфэм щIопщу къытехуэрт, мывэ фIыцIэшхуэм зыкъуэзгъэпщкIуэну зызущэхуауэ сыщыпщым. Шыпсыранэми етауэ сыкъисырт, къызаутIыпща псалъэхэм къыстрадзэ уIэгъэхэм банэу зыкъысхаукIэу. Жьыми зиудыгъуат, си псэм игъэв гуауэм и пыхьэ макъыр зэхихмэ фIэфIу. АпхуэдизкIэ даущыншэти, зыжьэдэсшэну жьы згъуэтыжыртэкъым.
Хадэмрэ ди унэмрэ я зэхуаку дэлъыр нэзыншэ хъуат. Сэ сыпщырт къысщыщIа щIэщхъур си щхьэм дэуеижауэ. ЛIым илъэгъуар ибзыщIынутэкъым – къуажэ псом Iуэху сыщищIынут. ЛIыхэм, хабзэ яхуэхъуауэ, ичынды нэмэз нэужьым мэжджыт пщIантIэм щызэхуэсырти, жылэм и унафэ ящIырт. Дауи, сэри нобэ утыку сыкъралъхьэнущ.
Си нэгу къыщIэуващ си адэр укIытэм зэщIиIулIауэ и ныбжьэгъухэм яхэту. Зыкъыхуигъазэу зыри къегиенутэкъым абы, зыIуэтэжым илъэгъуар жиIэж фIэкIа. ЕдаIуэхэм къахэкIынутэкъым жызыIэн: «Уи къуэр щхьэ умыгъэсарэ?» Щымынухэт. Мис а зэрыщымынурат езыр псэр зыгъэхашэ тезыр хьэлъэр.
ИкIэм-икIэжым пщIантIэм сыдохьэж. Псыкъуийм сыкIэроувэри, псы къызош. Кхъуэщынми, хьэкхъуафэми, тасми, къубгъанми ярыз сощI… удз гъэгъами, бжьынми, бжьыныхуми ящIызокIэ… Шыри къыдырри псы изогъафэ… Джэдкъазми нартыху яхузопхъ, хьэкури вэнвейрэ хьэуазэкIэ сокудэ… «Уэратэкъым нобэ зи чэзур, уи къуэшхэм къахуэгъанэ», - гу къыслъетэ си анэм. Сэ сщIэрт сызэримычэзур, ауэ щIэщхъу къысIэщIэщIар си псэм къытехьэлъэрти, зыпыIуздзыну сыхэту арат.
Си адэр тэмакъкIыхьщ, и пIэ къизышыфыр и бынхэм ятеухуауэ мыхъумыщIагъэ зэхихмэщ. Ар сигу къызэрыкIыжу, укIытэр къыстекIуэри, гуэным сыщIыхьащ. Тхьэм зыхуэзгъэзауэ щэхуу солъэIу КъурIэным иту сигу къэкIыж псомкIи. СыщIэтащ абы адэм и макъыр си тхьэкIумэм къиIуэхункIэ. Ар си къуэшым еупщIырт сыздэщыIэмкIэ. АдэкIэ зэхызох си анэм жриIэу: «Хуэрэджэм и IэфIагъыр щызгъэгъупщэнщ сэ абы… ЦIыхупсэ бгъэнри жыг ибупщIыкIри зыщ».
Илъэс плIыщI дэкIащ абы лъандэрэ, ауэ си адэм и псалъэр иджыри жагъуэу тхьэкIумэм итщ.
… Тхьэм селъэIуащ дунейм ехыжа си адэр здэкIуам щигъэтыншыну. Абдежым, езым къызгурымыIуэжу, гуфIэгъуэ гуэр къыспкърыхьэу зыхэсщIащ. «Уи адэр лIауэ щхьэ угуфIэрэ?» - жиIэу зыгуэрым зыкъысхуигъэзауэ къысщыхъури сыкъэскIащ…
Зыми къыгурыIуэнутэкъым асыхьэтым си гур къыщIигуфIыкIам и щхьэусыгъуэр – ар хадэм жыгыу итыр зэрыраупщIыкIыжыр имылъагъуу си адэр дунейм зэрехыжарт.
 

 

Уэтэр Самий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)