ПАСЭРЕЙ ЩЭХУХЭМ ЯЩЫЩ ЗЫ

Дунейм щэнхабзэ куэд тетщ. Абыхэм я нэхъыбэм къызэращтэмкIэ, лIахэр щIым щIалъхьэри, я кхъащхьэм сын трагъэувэж. Ауэ Китайм, Филлипинхэм, Индонезием щопсэу лъэпкъ зыбжанэ, я лIахэр бэным далъхьэрэ, ахэр къыр задэхэм кIэращIэу.
Сагадэ жыхуиIэ бгылъэр Филлипинхэм я щIыналъэхэм хеубыдэ. Мыбы къыщокIуэкI а пасэрей хабзэжьыр – бэныр къырым кIэрыщIэныр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ щIалъхьэр зи ныбжь хэкIуэтахэрщ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, цIыхум и лIэгъуэр къэблэгъауэ щыхуигъэфащэм деж жыгышхуэ егъауэ, абы бэныр и IэкIэ къыхебзыкIри егъэувыж, и щыгъын нэхъыфI дыдэм лъэпкъ дамыгъэхэр тредзэ, ар щыгъыу бэным зэрыдалъхьэным хуэдэу. Бэным щIыгъуу шэнт кIэрапхэ къыр джабэм. ЗэрыжаIэмкIэ, лIам и псэр хьэршым ихьэжын ипэ къихуэу, а шэнтым тесщ.
НэхъыщIэIуэхэр «фIэщхъуныгъэм и нурыр ямыгъэунэхуауэ, абы къыхэкIыу къырым кIэращIэну къамылэжьауэ къалъытэри, щIым щIалъхьэ».
Бэныр къырым щIыкIэращIэм щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Псом япэрауэ, хьэдэр уафэм, тхьэм нэхъ и гъунэгъуху нэхъыфIщ. КъищынэмыщIауэ, лъагапIэм укъеплъыхыу уи унагъуэм укIэлъыплъыну, ухуэсакъыну, унагъуэрысхэм уадэIэпыкъуну нэхъ тыншу къалъытэ. Иджыри зы щхьэусыгъуэ: апхуэдэ щIыкIэкIэ филлипинхэм щIыпIэ нэхъыбэ хуит къащI, гъавэ тепсэ, унэ тепщIыхь хъуну.
Мы хабзэ гъэщIэгъуэныр илъэс 3000-2500-рэ ипэкIэ псэуа бо китай лъэпкъыжьым деж къыщежьауэ хуагъэфащэ. КъызэрахутамкIэ, щIыгум метри 100-200-кIэ теIэтыкIауэ бэныр къырым кIэращIэн папщIэ, пасэрейхэр уэс ткIужыгъуэмрэ псы зыIэтыгъуэмрэ ежьэрт. Е къыр нэкIум пхъэ папцIэхэр хаукIэурэ, дэкIуеипIэ къызэрагъэпэщырти, абыкIэ драхьейрт бэныр. Абы щыхьэт техъуэ гъуанэ-пщIанэ бжыгъэншэхэр къырым телъщ.
Дауэ мыхъуами, сыт хуэдэу дыкъемыгупсысми, мы пасэрей хабзэр зэманыжьым къыщожьэж. Хуэдгъэфащэ мыхъуми, филлипинхэм я лIахэр къырым щIыкIэращIэм и пэжыпIэр зыми нэсу къитIэщIыфакъым.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.06.2023 - 09:14

ЕГЪЭДЖАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭХЭМРЭ Я ИЛЪЭСЫМ ТРАУХУЭ

«Библиотекэхэм я жэщ» урысейпсо Iуэхум хыхьэу, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм техникэ, мэкъумэш литературэхэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ «Слово во славу учителя» зэхыхьэр.

02.06.2023 - 09:13

ХЪУМПIЭЦIЭДЖХЭМ Я БГЫР ЩIЭПСЫГЪУЭР

Алтай таурыхъ

01.06.2023 - 15:02

ХУАБЭМ ЗЫКЪЕВГЪЭЛ

«Кондиционер» псалъэр инджылызыбзэм къикIащ, «хьэуар нэхъыфI зыщI» жиIэу къокI. Пасэ зэманым цIыхухэм хуабэвэхым зыщахъумэрт, гуэлым, псым хэсу.

01.06.2023 - 10:01

ФIЫМ Я ФIЫЖХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

«Уэ хьэрычэт щIэи, сэ берычэт хэслъхьэнщ», – жиIащ, жаIэ, Тхьэм.

01.06.2023 - 10:01

ПШЭРЫХЬ ХУЩАНЭ…

Новеллэ