БАХЪСЭНДЭСХЭМ Я ЗЭФIЭКI ХЭЛЪУ

Санкт-Петербург къалэм дэт «Юбилейный» спорт комплексым щекIуэкIащ самбэмкIэ ХХ дунейпсо ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэ. «ТекIуэныгъэ» зыфIаща зэпеуэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм.

Дунейпсо зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьа Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и командэ къыхэхам и ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ Сунш Къантемыр, КъуэщIысокъуэ Темырлан, Беслъэней Темырлан, Сонэ Идар сымэ.

Зи цIэ къитIуа спортсменхэм зыщагъасэ Бахъсэн къалэ дэт Щауэ А. и цIэр зезызьэ спорт школым, ПщIэнашэ Мурат, КъарэмыщIэ СулътIан, Уэщхъун Башир сымэ я нэIэ щIэту.

Темыр Дисанэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.