САУГЪЭТ НЭХЪЫЩХЬЭХЭР ЗЫIЭРАГЪЫХЬЭ

Башкирием и къалащхьэ Уфа щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 12 - 13 ит сабийхэм  каратэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэм 55-м икIа спортсмен ныбжьыщIэ 800-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балкъэрым и щIыхьыр Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм щахъумащ каратист 11-м. ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм ди спортсменхэм дыщэ медалу тIу къыщахьащ. Къапщтэмэ, зи хьэлъагъыр килограмм 40-м нэблагъэхэм я гупым хэта псоми текIуащ икIи зэхьэзэхуэм и  саугъэт нэхъыщхьэр зыIэригъэхьащ Джылаш Муслим. Апхуэдэ дыдэ ехъулIэныгъэ къихьащ килограмм 42-рэ зи хьэлъагъ Гуэбэшы Арнеллэ.

МЭЗКУУ Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.