МАХУЭШХУЭР ЗЭДАГЪЭЛЪАПIЭ

Дызэрыщыгъуазэщи, мы зэманым ди республикэм щыIэщ Донецк ЦIыхубэ Республикэм къикIа цIыху куэд. А гъунэгъу щIыналъэм щыщ сабий гупышхуэм зыщагъэпсэху «Лэгъупыкъу» («Радуга») социальнэ центрым. Накъыгъэм и махуэшхуэхэм ирихьэлIэу абыхэм папщIэ нэгузыужь Iуэхугъуэ куэд къыщызэрагъэпэщащ зыгъэпсэхупIэм.

«Лэгъупыкъум» зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэр «Сабийхэм сабийхэм папщIэ» фIэщыгъэр зиIа зэIущIэ хьэлэмэтым къриубыдэу ирагъэплъащ «Деревенька для дурных привычек» спектаклым. Абы актёру хэтахэр «Бродвей» сабий театр студием и гъэсэн цIыкIухэращ. Зи ныбжьыр илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ илъэс 14-м нэс театреплъ ныбжьыщIэхэм хуабжьу ягу ирихьащ ди артист ныбжьыщIэхэм я джэгукIар. Абыхэм нэрылъагъу ящыхъуащ хьэл-щэн мыхъумыщIэхэм цIыхум и гъащIэр зэрамыгъэдахэр, апхуэдэ щэныншэхэм жылагъуэми зэранышхуэ къызэрыщахьыр.

ЗыгъэпсэхуакIуэ къытхуэкIуа цIыкIухэр ди артист ныбжьыщIэхэм апхуэдэу щыгъуазэ хуащIащ зрагъэплъа спектаклым нэмыщI, нэгъуэщI лэжьыгъэхэри студием зэриIэм. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, «Снежная королева», «Маугли», «Чучело», «Буратино», «Пеппи - длинный чулок» спектаклхэр, нэгъуэщIхэри.

Махуэшхуэ зэхыхьэ хьэлэмэтыр къызэгъэпэщыным икIи къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIыным «Бродвей» театр студием нэмыщI, я зэфIэкI ирихьэлIащ «Галактика» Къэбэрдей-Балъкэр жылагъуэ зэгухьэныгъэми. А IуэхущIапIэхэм я жэрдэмыр диIыгъащ КъБР-м Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм. «Галактика» зэгухьэныгъэм проектхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Залымрэ «Бродвей» театр студием и пашэ Къуэшокъуэ Регинэрэ накъыгъэ махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ ДНР-м къикIа сабийхэм, узыншагъэ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ яIэну зэрагуапэри жраIащ.

Спектаклым еплъа нэужь, сабийхэр хэтащ мамырыгъэм, гъатхэм, лэжьыгъэм хуэщIа флэш-мобым. Шыбзыхъуэ Алисэ игъэзащIэ «Я, ты, он, она - вместе дружная семья» уэрэд цIэрыIуэм щIэту, ахэр зэдэууэ къэфащ, джэгуащ. Iуэху дахэм хэта псоми абы иужькIэ гукъинэж сурэтхэр куэду зытрагъэхащ.

КЪАРДЭН Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ

22.04.2024 - 09:38

Адэжь щIыналъэм щохьэщIэ

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и уна­фэщIымрэ абы хэтхэмрэ мы махуэхэм Урысей Федерацэм адыгэхэр зэрыс и хэгъэгухэм щохьэщIэ, Адыгэ Хасэхэм цIыхухэм щахуозэ, республикэ унафэщIхэм йопсал

22.04.2024 - 09:36

Зэран къызэрытхуэхъу Iэмалхэр мэбагъуэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - ­КъБР-м и министр Къуэшы­рокъуэ Залымрэ КъБР-м и Прокуратурэм экстре­миз­мэм­рэ терроризмэмрэ пэ­щIэ­тыным, лъэпкъ зэхущы­тыкIэхэм, къэрал шынагъуэнш

22.04.2024 - 09:12

МАКЪАМЭ ТЕЛЪЫДЖЭМ И ЛЪАХЭМ

Налшык дэт Музыкэ теат­рым иджыблагъэ ще­кIуэ­кIащ «Му­зыкальный диа­лог» концертыр, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдо-къуэ Муратрэ ди республикэм щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскэррэ зэ­да­гъэ­хьэ­зы