ГУМ ЕХУЭБЫЛIЭ ТХЫГЪЭХЭР

Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм письмо зэхуатхыу щытащ. Дзэ Плъыжьым ираджахэм я адэ-анэхэм, щхьэгъусэхэм, къуэшхэм, шыпхъухэм, Iыхьлыхэм я хъыбар къызэращIэр письмот. Сэлэт письмохэр блэкIа зэманым и фэеплъ хъуахэщ икIи ахэм уакъыщеджэкIэ IупщIу уи нэгу къыщIагъэхьэ зауэм и гъуэгуанэ хьэлъэр, хьэзабрэ гузэвэгъуэу ди цIыхухэм ятелъар, я гупсысэхэр зытеухуауэ щытар. 
Куэд яхэтакъым ди цIыхухэм зи гъащIэр дзэ къулыкъум траухуэн мурад яIэу. Ауэ фашистхэр къыщыттеуэм мэкъумэшыщIэхэр, курыт еджапIэр къэзыухагъащIэхэр, класс нэхъыщхьэхэм щеджэхэр сэлэт хъуахэщ. 
Абыхэм къагъэнащ адэ-анэр, унагъуэр, хьэблэр, жылэр, Iыхьлыр. Сэлэт письмохэр къаIэрыхьэ тхылъымпIэ кIапэм тету къаутIыпщырт, шэкъэкIэ е къэрэндащкIэ тхауэ. Дэтхэнэ унагъуэри темыпыIэу пэплъэрт абы. КъаIэрыхьа нэужьи, хьэблэр зэхуашэсырти, письмом итым зыщагъэгъуазэрт. Тхыгъэр къызыIэрыхьа унагъуэм кIэщIу ятхыжырт жэуап-письмо. Унагъуэ хъыбархэм хуэпIащIэрт сэлэтхэр. 
… Зауэр зэриухрэ зэман куэд дэкIами, нобэр къыздэсым унагъуэхэм щахъумэр сэлэт письмохэр. Ахэр фэеплъ къудейкъым, атIэ къытрагъэзэжурэ зэджэ, бынхэр зыщIапIыкI тхыгъэщ. Аращ письмохэм иджыри зэ дыкъеджэну сыщIыхуейр.
Махуэ Анатолэ,
Сэрмакъ къуажэ.

Лыджыдэ Iэбузар Къамбий и къуэ
Щхьэгъусэ письмо

Псом япэращи, сыббгъэдэту уи Iэр сIыгъым хуэдэу сэлам узох. Сэлам нэужьым фи узыншагъэм сыныщIоупщIэ. Сэ фыкъысщIэупщIэмэ, сыфIщ, сыузыншэщ, фызэрызмылъагъум нэхъ гукъеуэ сиIэкъым. Абы адэкIэ сыщIоупщIэ, Iэмирэт: письмо щхьэ къэвмытхрэ? 
Жэбар письмо къригъэхьащ зы сурэти ахъшэу сомитхуи дэлъу. Хуабжьу си гуапэ хъуащ. Абы къригъэхьа письмом сыкъыщеджащ уи жэмыр фермэм жэм лъхуакIэ зэрепхъуэжам. Ар хуабжьу си гуапэ хъуащ, ауэ жэм къуихъуэжар дауэ щыту пIэрэ гъэшкIэ…
Iэмирэт, гупым я деж зы письмо незгъэхьати, яIэрыхьауэ пIэрэ, яIэрыхьамэ сыт жаIэу зэхэпха? Сурэт незгъэхьар къыфIэрыхьа? КъыфIэрыхьамэ, дауэ къыфщыхъуа: икъукIэ урыс дэгъуэ дыкъэхъуакъэ? Ар сурэт хьэзырти незгъэхьащ, нэхъыфIыIуэ зытрезгъэхми незгъэхьынщ. 
Дидан Суфэдин сиг ъусэжкъым, зэпэщхьэхуэ дыхъуащ. Иджы си гъусэщ школым къыщыздеджа Даур Хьэсэнбий, нэгъуэщI адыгэ щIалэхэри. Хьэсэнбий сэлам къуихыжащ, «сыкъимыцIыхуми, ягъэ кIынкъым», жери. Мухьэжыр и къуэ цIыкIур зэрылIар къитхащ Жэбар. 
Ди анэм къригъэхьа письмом итщ «сурэт къебгъэхьахэр зэптынухэм я цIэ къиIуэ» жери. ЦIыкIухэм сурэт нахуезгъэхьащ. КIунэ щхьэкIэ сэ нэхъыфIу сфIэщIу зы тхылъымпIэ напэ цIыкIу дэслъхьауэ щытащ «мыр КIунэ хуегъэхь» жысIэри. 
Абы адэкIэ, Iэмирэт… Даурхэ Ямыдэ и деж письмо езгъэхьауэ щытащ, абы щхьэ жэуап къимытхажауэ пIэрэ? Ар къыщIримыгъэхьыжар уэ сыткIэ пщIэн, ауэ ухуэзэ хъумэ сэлам схуехыж, ари схужеIэж. 
Iэмирэт, фи деи письмо яхуэстхащ: Нэзифэрэ уи анэмрэ я деж. 
Хьэжпагуэ сымэ къыдашар пэж, письмо итхакъэ я дей? Мухьэмэд къыдаша, Къардэныр? 
… Аращи, узыншэу фыщытхэ, письмор гувауэ нэстхащи, къихыгъуафIэ хъункъым. Алыхьым и хьэтыркIэ письмо къевгъэхь щIэмычэу. 

16.08. 1940 гъэ.
Лыджыдэ Iэбузар 1942 гъэм февраль мазэм хъыбарыншэу зауэм хэкIуэдащ. 

Къардэн Мухьэмэд Хьид и къуэр
Шыпхъу письмо

Сэлам узох, си шыпхъу лъапIэу Таужан! Псом япэу узох гум къыбгъэдэкI дэлъху сэламыр. Уи узыншагъэр сыт хуэдэ, сыт фи псэукIэ, сытхэм фыхуэныкъуэ, фшхын вгъуэтрэ, сабийхэр фхуэпIрэ? Сэлам схуехыж мами, КIытIи. Тэужан, Аслъэнбийрэ Мудинрэ сыт я хъыбар, я письмо къыфхуэкIуэрэ? КъыфхуэкIуэмэ, я хэщIапIэр щхьэ къысхуумыгъэхьрэ? Абы адэкIэ, Тэужан… Нэхушыр дауэрэ псэурэ, сыт хуэдэ и узыншагъэр, сытым хуэныкъуэ, шхын и лъэныкъуэкIэ дауэ хъурэ? Сэлам схуехыж Нинэ, Бабэ, Жэмсирэт, КIуакIуэ, Хьэцинэ, ХьэкIуцэ сымэ. ХьэкIуцэ сыт и псэукIэ, сабийхэм - Колэрэ Сэрэтэрэ - я псэукIэр сыт хуэдэ? Я Iуэху зыхуэдэр пщIэрэ, фызэкIэлъыкIуэрэ? 
Тэужан, уи деж письмо дапщэрэ нэстхами, апхуэдизрэ нахуезгъэхьащ КIуакIуэ, Азэмэт, ХьэкIуцэ, Нэхушыр сымэ. Я зы письмо къысIэрыхьэжакъым, мазих мэхъури. 
Абы адэкIэ, Тэужан… Сыт хъыбарыщIэу къуажэм, колхозым щыIэхэр, хэт псэу, хэт фронтым щыкIуэда? 
… Сэ тIэкIу уIэгъэ сыхъуащ. Старая Русская жыхуиIэ къалэм и деж уIэгъэщым мазитIкIэ сыщIэлъащ. Иджыпсту сыIейкъым. 
Сэ фронтым сыщыIэу Ростов, Москва, Старая Русская лъэныкъуэхэмкIэ сыщызэуащ. Иджыпсту Калинин къалэм сыдэсщ. ЗэрыфщIэщи, сэ сытым щыгъуи ди коммунист партымрэ Совет властымрэ срателъхьэщ. Апхуэдэущ адэкIэ зэрекIуэкIынури. 
Фылажьэ, фи сэбэп хэлъу, ди къэралым фыхуэлажьэ. ФызэрыIыгъ, сабийхэр фымыгъэмэжалIэ. 
Сэ мы зэманым взводым срикомандирщ, курсантхэр изогъаджэ. Иджыри зэ псоми сэлам! 
8.04.1942 гъэ.
Къардэн Мухьэмэд 1943 гъэм дыгъэгъазэм зауэм хъыбарыншэу хэкIуэдащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ