ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ДЖЭЛЭС

Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэр къэрали 140-м щIигъум щагъэлъапIэ. Гъатхэм и махуэ щIэращIэхэм ящыщ зым цIыхубэр уэрамым къыдохьэ къэкIуэнум фIыкIэ щыгугърэ, къызэрыгуэкI лэжьакIуэхэм хуащI гулъытэм хэгъэхъуэн зэрыхуейм къыхураджэу. Абыхэм я хъуэпсапIэщ яхуэфащэ улахуэ, IэнатIэ тэмэм, лэжьыгъэ шынагъуэншэ, нэгъуэщIхэри. Языныкъуэхэм, псалъэм и хьэтыркIэ, США-м, Японием, Австралием мыр щагъэлъапIэр нэгъуэщI зэманщ. Индиери яхэту, къэрал 80-м накъыгъэм и 1-р гуфIэгъуэу къыщалъытэххэркъым.
Махуэшхуэр зэдагъэлъэпIэным щхьэусыгъуэ хуэхъуам и гугъу пщIымэ, 1886 гъэм накъыгъэм и 1-м США-мрэ Канадэмрэ я уэрамхэм дыхьащ я псэукIэмкIэ мыарэзы, зыгъэлажьэхэм къыкIэлъызэрахьэ залымыгъэр зыхуэмышэчыж гуащIэрыпсэухэр. Абыхэм къагъэувырт лэжьыгъэм хуэфэщэн улахуэ иратыну, я лэжьэгъуэ зэманри сыхьэти 8-м хуагъэкIуэну. ЩIыпIэ куэдым къыщыхъуащ апхуэдэ зэрыхьзэрийхэр. Мылъкушхуэ зыбгъэдэлъхэм сыт и лъэныкъуэкIи къащхьэщыж властым дичыхыну и мурадтэкъым. Псом хуэмыдэу гуащIэу щызэпэщIэуващ Чикагэ. Уеблэмэ лъы щагъэжащ: полицэм сабийхэри цIыхубзхэри яхэту зэтриукIащ зи мыарэзыныгъэр къэзыгъэлъагъуэу уэрамым къыдыхьа цIыхухэр. Апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэ зэрызэрахьар дуней псом щызэлъащIысащ. 
ЦIыхухэр хуабжьу щыдакъузэ Урысей пащтыхьыгъуэми а махуэр щагъэлъапIэрт, лэжьакIуэбэр щIыпIэ-щIыпIэхэм щэхуу щызэхуэсурэ. Япэ дыдэу накъыгъэм и 1-р хуиту щагъэлъэпIар Октябрь революцэр текIуа иужькIэщ. 
1912 – 1914 гъэхэм Урысей къэралыгъуэм и къалэхэм я уэрамхэм псори зэхэту лэжьакIуэ мин 400-м щIигъу къыдыхьауэ щытащ. 1917 гъэм екIуэкIа Февраль революцэм и ужькIэ накъыгъэм и 1-р япэ дыдэу хуиту яIэтащ: гуащIэрыпсэу мелуанхэр уэрамхэм къыдыхьащ, «Министр-капиталистхэр щремыIэ!», «Власть псори – Советхэм», «Империалист зауэм дыхуейкъым!» къыхуеджэныгъэхэм щIэту.
Октябрь революцэм и ужькIэ ар ди деж къэрал гуфIэгъуэу щагъэуващ: а махуэм гуащIэрыпсэухэм я пэкIухэмрэ дзэ парадхэмрэ ирагъэкIуэкIыу къаублащ. ЛэжьакIуэхэм етIуанэ махуэми загъэпсэхурт – мэзхэм, губгъуэхэм Iэнэхэр щагъэувырт.
СССР-м и лъэхъэнэм гуфIэгъуэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIырт парт унафэм щIэту. ГуащIэрыпсэухэм я демонстрацэхэр телевизорхэмкIэ къагъэлъагъуэрт. Абыхэм хэтыну дэтхэнэми и къалэнт икIи ар гъэзэщIа зэрыхъум IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр кIэлъыплъырт. АрщхьэкIэ накъыгъэ гуфIэгъуэхэр зыми къытехьэлъэртэкъым. Псори нэжэгужэт, зэбгъэдыхьэурэ зэхъуэхъурт. Накъыгъэм и 1-м сыт щыгъуи къыдекIуэкIыу щытащ ерыскъы хэплъыхьахэмкIэ гъэщIэрэщIа Iэнэхэр.
А псори тхыдэм хыхьэжащ. ГуфIэгъуэм хагъэкIащ нэхъапэм иIа политикэ мыхьэнэр.
Абы лъандэрэ зэман куэди дэкIащ, Iэджэми зихъуэжащ. Накъыгъэм и 1-р Совет къэрал абрагъуэм и махуэшхуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы хъуащ. Илъэс къэс а махуэм Москва Дзэм и парад, щIыналъэ псоми пэкIухэр щрагъэкIуэкIырт. СССР-ри социалист ухуэкIэри лъэлъэжащ, ауэ а махуэр къэнащ цIыхухэр псэукIэкIэ зэхуэдэн зэрыхуейм и дамыгъэу, абы и гъуазэу. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, ди лъахэр къыкIэрыхуркъым зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэфIхэмрэ зыужьыныгъэмрэ. Иужьрей илъэсхэм экономикэр, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ республикэ унафэщIхэм куэд ялэжь, егъэджакIуэхэм, узыншагъэр хъумэным и лэжьакIуэхэм я улахуэр хэгъэхъуэнымкIэ зэфIагъэкIар нэрылъагъущ. 
Зэкъуэтыныгъэм, мамырыгъэм, зэакъылэгъуныгъэм, зэIузэпэщыгъэм, зыужьыныгъэм и нэщэнэ хъуа накъыгъэ махуэшхуэм фIы къытхудэкIуэну, къытпэщылъ гугъуехьхэм я хэкIыпIэхэр щаубзыхун, цIыхухэм, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр щефIэкIуэн, властымрэ цIыхубэмрэ гъунэгъу, зэакъылэгъу зэхуэзыщIын лъэхъэнэ хъуныр хэт дежкIи хъуэпсапIэщ.
 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.