ЗэчиифIэхэм я вагъуэбэ

Анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж Iэмалхэр егъэфIэ­кIуэнымкIэ, и бзэр дихьэхыу сабийм егъэ­джынымкIэ, лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIэблэр ешэ­лIэ­нымкIэ, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну иджы­ным хуэшэнымкIэ лэ­жьыгъэшхуэ щокIуэкI ди республикэм. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум хуэгъэпса зэхуэс дахэ иджы­благъэ щекIуэкIащ Налшык. «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо фес­тивалым хэту, «ЗэчиифIэхэм я вагъуэбэ» зэ­пеуэ хьэлэмэтым адыгэ­бзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ усэ къыщеджащ абыкIэ щIыпIэ Iыхьэхэм пашэ щы­хъуа ныбжьыщIэхэр. 

Зэхьэзэхуэм и щIыналъэпсо Iыхьэр къыщызэрагъэпэщат ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрымрэ КъБР-м Егъэ­джэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерст­вэм и хэщIапIэмрэ. Абы ­хэтащ ди республикэм и курыт школхэм щеджэ ­ныбжьыщIэ 40-м щIигъу. Я ныбжь елъытауэ гупитIу зэщхьэщыхауэ екIуэкIащ зэпеуэхэр. ШколакIуэхэр гукIэ къеджащ Къэбэр­-дей-Балъкъэрым и тха­кIуэ­хэмрэ усакIуэхэмрэ я къалэмыпэхэм къыпыкIа усэ­хэм, прозэ тхыгъэхэм ящыщ Iыхьэхэм. Абыхэм я зэфIэкIыр къапщытащ анэдэлъхубзэр курыт школым щезыгъэдж егъэджа­кIуэ Iэзэхэм, театрым и артистхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэ­хэм. 
АдыгэбзэмкIэ екIуэкIа ­зэпеуэм япэ увыпIэхэр ­къыщахьащ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт шко­-лым и 8-нэ классым щIэс Шэрий Дисанэрэ Аруан ­районым хыхьэ Джэрмэн­шык жылэм и курыт школым и 10-нэ классым щеджэ Соблыр Астемыррэ. БалъкъэрыбзэкIэ екIуэ­кIа зэпеуэм пашэ щы­-хъуащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Шэджэм Ищхъэрэм и курыт школым и 7-нэ классым щIэс Жанкишиевэ Натэллэрэ Iуащхьэмахуэ районым щыщ Эльбрус жылэм дэт курыт школым и 8-нэ классым щеджэ Уянаевэ Iэминэрэ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Си бзэ - си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ку­рыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ илъэс куэд лъандэрэ щокIуэкI. Абы зэфIигъэкI лэжьыгъэм   иIэ мыхьэнэр къэлъытэ­гъуейщ. «Адыгэ псалъэм­рэ» КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ зэдрахьэжьауэ щыта зэпеуэм   и къалэн нэхъыщ­хьэ­хэм хохьэ анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ ку­рыт еджапIэхэм зэрыщаджыр егъэфIэкIуэныр, егъэ­джакIуэ пажэхэм я лэжьыгъэм кIэлъып­лъы­ныр, абыхэм фIыуэ, хьэ­лэмэту къагъэсэбэп Iэмалхэм псори щыгъуазэ щIы­ныр, анэбзэр фIыуэ ялъагъуу, я анэдэлъхубзэм къабзэу ирипсалъэу щIэб­лэр къэгъэтэджынымкIэ еджапIэхэм, гъэсапIэхэм щекIуэкI гъэсэныгъэ лэ­жьыгъэм нэхъри зегъэу­жьыныр, еджакIуэ зэчиифIэхэр утыку къишэныр, я зэфIэкIыр щапхъэу гъэ­лъэгъуэныр, лъэпкъ хабзэм, лъэпкъ щэнхабзэм щIэблэр щIэпIыкIыныр, ­хэкупсэ гъэсэныгъэ дахэ щекIуэкI IуэхущIапIэ нэхъыфIхэр къэхутэныр, абы­хэм я лэжьэкIэр хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ гъэ­лъэ­гъуэныр, жылагъуэм хэIущIыIу щыщIыныр. 
Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм ­хуэгъэпсауэ екIуэкIащ «ЗэчиифIэхэм я вагъуэбэ» зэпеуэри. Абы хэтахэм иратащ щIыхь, фIыщIэ тхылъ­хэр, фэеплъ саугъэтхэр. 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)