ШЭМЫГЪАПЦIЭ ЖЭЩ

Iуэтэж
Мазэр еIэжами, мастэ пIэпыхуамэ къэпщтэжыну, жэщыр нэхущ. Жыг хадэм щыубгъа щIакIуэм щIалэ цIыкIуитI зэдытетщ. Пхъэ къамэ Iэпщэхэр IэдакъэкIэ яIыгъыу, лъэбакъуэхъуу иувыкIахэщ. Зыр зым поплъэ, щIакIуэм здытетым хъурейуэ къокIуэкI. Япэ уэн къащыхэмыкIкIэ:
- Еуэ, къыщIэдзэ, ущэнауэу куэдрэ ущытыну? - зыхуэмышыIэ пщтырафэу зыр къытреч.
- ХьыI! Абы и гугъэрелъ! Къэрабгъэр япэ мауэ къысхужыпIэжыну ара? Нэхъ къэпщтэнти, - шыIэныгъэ и макъым къыхэщу къыпедзыж щIалэ цIыкIу напщIэхум.
Аргуэру хъурейуэ щIакIуэм къызэдокIуэкI. ЗэпэщIокIуатэ, йокIуэтыжхэр. Япкъхэр япэкIэ шияуэ, зэрылъэбакъуэхъуу щытхэщ. Яхуэмыгуэшар сыт зэныбжьэгъуитIым? МывэкIэ зэзэуами, нэхъ лъэщыр зэхагъэкIыну зэбэнами, IэштIымкIэ я нэшкIулхэр зэхущIаудыжами зэкIужу къызэдогъуэгъурыкIуэ, адакъэщIэ нэхъей ныщхьэбэ зэпэува а щIалэ цIыкIухэр.
НтIэ, сыту пIэрэ иджы къэхъужар? КъызэрыщIэкIымкIэ я хьэблэгъу пщащэ щхьэц баринэ цIыкIум нэхъ нэлейкIэ тIури еплъхэу гу зылъатэжауэ, арат я щхьэусыгъуэр. Иджы мис, афIэкIа хэмылъу щIакIуэкIапэ зэдытеуващ. Абы щыгъуэми езы пщащэ цIыкIум зыри хищIыкIыххэртэкъым.
- НтIэ уэ улIыхъужьу ара жыпIэнур? ИIэт-тIэ сыгъэлъагъут.
- Упсэлъэну ара, сумыгъэжейуэ унаджэу сыкъыщIыдэпшар?
- УзэрыцIыкIурэ ужейнэдщ уэ, напщIэху!
- Уэрам уей жейнэдыр. ИIэ, къауэ, пащIэ Iушэ, - ауан ещI зи пащIэ цIырхъхэр пасэу къыхэжа щIалэ цIыкIур.
- НтIэ мис иджы зыIыгъ, шейнычыпэ, - жери пхъэ къамэр игъэдалъэу къыжьэхокIуатэ.
- АбыкIэ нанэщ сэ къызэджэну хуитыр, къыбгурыIуа, шхунэIу? – нмпщIэху къолыбри, ныкъуэкъуэгъум зыпэщIесэ.
- Ей, зэт-зэт! Фи нанэ жиIар зэхэпха? Ныжэбэ шэмыгъапцIэ жэщу жиIащ.
- Сыт мыгъапцIэ жэщ къэбгупсысар? Щхьэусыгъуэ умылъыхъуэ.
- Уэли, сымылъыхъуэ-тIэ. ШэмыгъапцIэ жэщщ, бжызоIэ. Ныжэбэрей гъэмахуэ жэщыр апхуэдизкIэ кIэщIыщэщи, пщыхьэщхьэм зэрадза шэр шхууэ мыпцIэурэ нэху мэщ. Ар фи нанэ уи мыгъуэм жриIэу зэхэсхащ.
- ШэмыгъапцIэ жэщыр къызгурыIуащ, ауэ адрей жыхуэпIэр… си мыгъуэкъым сэ. КъыщIыскIэрыпцIэлъыр сыт? Уэращ ар зи мыгъуэр.
- Уэли, сэри си мымыгъуэ-тIэ.
- НтIэ, сыт щIакIуэкIапэ дыщIытеувар?
- СщIэркъым. Уа, пэжу къамэкIэ укъэуэнут?
- Сэри? Уэрей, сыномыуэнут. Уэ-щэ?
- Ныбжьэгъум къамэкIэ дауэ, Iэу, узэреуэнур?
- НтIэ ара щIакIуэр къыщIэплъэфар?
- Уэратэкъэ щIакIуэкIапэ дытеувэнщ жызыIар?
- Уей сэрам. Ар сощIэж, ауэ къысхуэмыщIэжыр пщIэрэ? Сытыт тхуэмыгуэшар щIакIуэкIапэ дытеувэну?
- Тхуэмыгуэшын диIэу ара уэрэ сэрэ? Къэубыд мы щIакIуэри дыгъэутхыпщIыж.
- Зэ умыпIащIэ. Мусэбийхэ я мыIэрысэ пасэр хъуащи, къыпыдгъэчи шэмыгъапцIэ жэщым дыхэплъэу фи дадэ и щIакIуэм дытегъэс.
ГуфIакIэкIэ къахьа мыIэрысэхэр яшхыу зэныбжьэгъуитIыр уафэм доплъейри щIакIуэм телъщ.
ШэмыгъапцIэ жэщри шы къарэ мыгъасэм ибг къихутащи, и лъэдакъэпэр пач нэхъей, жьыбгъэм япэ ищауэ, и гъуэгу хегъэщI.

Мэлей ФатIимэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.