Статьи на кабардинском языке

ИугъащIэ Адыгэ фащэм и махуэм!

Адыгэ фащэм и махуэр ягъэлъапIэу «Си Лашынкъей - си унэ, си псэ» фIэщыгъэм щIэту зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо фестиваль фокIадэм и 30-м екIуэкIащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр теухуат Тохъутэ­мыщей жылэр къызэрыунэхурэ илъэс 600 зэрырикъум. А Iуэху­гъуитIыр  адыгэ ныпыр лъагэу зыфIэдза Лашынкъей бгыщхьэм и деж Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

КIуэкIуэ Казбек и къулыкъум пэрохьэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­пуб­ликэм и Iэтащхьэм и къалэн­-   хэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Казбек дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм япэу утыку къыщихьащ.

Iуэхугъуэ 20-м хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ фокIадэм и 27-м иригъэкIуэкIащ бжьыхьэ лэжьэ­гъуэм и япэ зэIущIэр. Зэрыхабзэу, ар къызэIуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм­рэ я гимнхэмкIэ.

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ КIуэкIуэ Казбек адэжь щIыналъэм къегъэзэж

Президентыр лэжьыгъэ IуэхукIэ ­IущIащ КIуэкIуэ Казбек икIи абы жриIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ игъэ­зэщIэну абы и пщэ зэ­ры­дилъ­хьэм теу­хуа унафэ къызэрищтар.

ДызэпэщIагъэувэну я мурадами, дызэкъуагъэувауэ аращ

ФокIадэм и 26-м республикэм и Iэтащхьэр Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым и студентхэм яхуэзащ.

Нэхъыжьым и псалъэм и къару иныр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ ­Ищхъэрэм щыIэ Матовников Александр фокIадэм и 20-м яIущIащ Нэхъыжьхэм я совету ­КИФЩI-м щыIэм хэтхэм. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIэблэр гъэсэным теухуауэ къэрал ­къулыкъущIэхэмрэ цIыхубэмрэ зэ­рызэдэлажьэр егъэ­фIэ­кIуэнымкIэ щы­Iэ Iэмалхэм.
 

Гъэунэхуныгъэхэм я илъэсищ (2015-2018 гъгъ.)

ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ Дунейпсо Адыгэ  Хасэм и ХII Зэхуэсышхуэм хэтхэм я пащ­хьэ къыщипсэлъар.

Доткъул Лалу ягъэлъапIэ

Бахъсэн районым щыщ ХьэтIохъущыкъуей къуа­жэм дэс Доткъул Лалу и ныбжьыр иджы­благъэ илъэс 90 ирикъуащ. Юбилейм ирихьэлIэу абы къехъуэхъуащ УФ-м и Президент Путин Владимир, ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Юрий сымэ.

Махуэшхуэр зэдагъэлъапIэ

Адыгэхэм я махуэр республикэм и къалэхэм, къуа­жэхэм, районхэм щIэ­щыгъуэу, гукъинэжу щагъэлъэпIащ. Махуэшхуэм хухаха пшыхь нэхъыщхьэр Налшык къалэм и Музыкэ театрым фокIадэм и 19-м къыщызэрагъэпэщащ.

Гъунэгъу лъэпкъхэри къыддэгуфIэу

Адыгэхэм ди махуэшхуэм ­ирихьэлIэу, Налшык къалэм, Прави­тельствэм и Унэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум фокIадэм и 20-м щызэ­хаублащ ­республикэм ис лъэпкъ­хэм я щэн­хабзэ фести­валь. Абы хыхьэу къызэрагъэ­пэщащ концертрэ лъэпкъ шхы­ныгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ­рэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке