|
Статьи на кабардинском языке
20 марта, 2022 - 06:45
•Арктикэм и процент 15-р апхуэдизкIэ яуцIэпIащи, куэдрэ ягъэкъэбзэжын хуей хъунущ. АбыкIэ къуаншэр Норильск гъущIхэкIхэм щелэжь и заводымрэ Сыбыр КъухьэпIэм щIыдагъэ къыщыщIэзых IуэхущIапIэхэмрэщ. Арктикэм щIыуэпс гъэщIэгъуэн иIэщ, щIыдагъэкIэ бейщ, ауэ ар къыщIэпхыну, улъэIэсыну гугъущ.
20 марта, 2022 - 06:45
Журналист ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Акула пера» еджапIэм и лэжьыгъэм пещэ. Ар къызэрегъэпэщ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, «КъБР-Медиа» къэрал IуэхущIапIэр и дэIэпыкъуэгъуу. Школым и дерсхэр иджы епщIанэу къызэIуах икIи пщIэншэщ.
20 марта, 2022 - 06:45
Лъэпкъым и зыгъэкъэбзэкIэ хьэлым абы теухуауэ куэд къыбжеIэ. Дауэ мыбыхэм зэрызатхьэщIыр, я щыгъынхэр зэрызэрахьэр, я унэхэр зэрызэлъыIуахыр? Апхуэдэ упщIэхэм я жэуапырщ япэу хамэм Iуплъэм къилъыхъуэр. Сыт хуэдизу щIэныгъэкIэ лъагэу дэмыIэбеями, КъуэкIыпIэм елъытауэ, а лъэныкъуэмкIэ Европэр дыгъуасэ кIыфIыгъэм къыхэбэкъукIа къудейщ.
19 марта, 2022 - 06:45
Налшык къалэ дэт курыт еджапIэхэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум ехьэлIауэ. Ахэр хуэунэтIащ щIэблэр тхыдэм щыгъэгъуэзэным, я блэкIар нэхъ куууэ егъэджыным, ар хъумэн зэрыхуейм хуэущииным.
19 марта, 2022 - 06:45
Гъатхэпэм и 14-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIидзащ «Ажалыр щащэр умыбзыщI» зи фIэщыгъэ урысейпсо зэIущIэхэм я щIыналъэ Iыхьэм. Наркотикхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ земыгъэубгъуным хуэунэтIа мы профилактикэ Iуэхугъуэм хыхьэхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.
19 марта, 2022 - 06:45
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лэжьакIуэхэр Кавказ Ищхъэрэ бгылъэ-металлургие институтым и лIыкIуэхэм иджыблагъэ щаIущIащ КъБКъУ-м хэт коворкинг-центрым. Ар теухуат щIэтIысхьэгъуэм пыщIа Iуэхугъуэхэм, а лъэхъэнэр хабзэм тету къызэгъэпэща хъуным.
18 марта, 2022 - 06:59
«Урысей географие зэгухьэныгъэм» ПсыщIагъ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым Шэрэдж щIыналъэм мы махуэхэм еджэныгъэ-узэщIакIуэ лэжьыгъэхэр щрегъэкIуэкI.
18 марта, 2022 - 06:59
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм литературэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, чуваш лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуауэ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ «Нарспи» чуваш лъэпкъ щэнхабзэ центрым и жэрдэмкIэ.
18 марта, 2022 - 06:58
Мэзкуу иджыблагъэ щекIуэкIа дунейпсо щIэныгъэ гъэлъэгъуэныгъэм нэхъ щIэупщIэ щызиIахэм, цIыхушхуэ зэкIуэлIахэм ящыщщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и плIанэпэр. Абы еплъыну хунэсащ цIыху мини I0-м щIигъу.
«Егъэджэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ» – аращ зэреджэр къалащхьэм щекIуэкIа 54-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм.
17 марта, 2022 - 06:45
Егъэджэныгъэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткӀэ, дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхь мазэм зэрагъэпэщыжын щ1адзэнущ Аушыджэр (Дыгъужьыкъуей) къуажэм дэт, Къардэнхэ Къубатийрэ Къэбардрэ я цӀэхэр зезыхьэ курыт еджапӀэр.
Страницы
|