Статьи на кабардинском языке

ЦIЫХУХЭМ Я ПСЭУКIЭР ЕГЪЭФIЭКIУЭНЫМ ТЕЩIЫХЬАУЭ

Зи ныбжьыр хэкIуэтахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ ягъуэтыпхъэ Iуэхутхьэбзэхэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и комитетым и зэIущIэм.

ПЩЭДЕЙ БЗУХЭМ Я ДУНЕЙПСО МАХУЭЩ

Япэ дыдэу ар Iэтауэ гъэлъэпIэн щыщIадзар Америкэм и Штат Зэгуэтхэм хыхьэ Пенсильвание щIыналъэм хыхьэ Ойл-сити къалэ цIыкIуращ. 1894 гъэм абыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар цIыкIухэм курыт щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ а щIыпIэм и инспектор Бэбкок Чарльзщ. 

ДЖЭДУ

Къэхъуа

КЪБКЪУ-М И ЩIЭНЫГЪЭ ПРОЕКТЫЩIЭ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIэныгъэлIхэм жьэпкъ-напэпкъ хирургием теухуауэ къэхутэныгъэ проектышхуэм йолэжь. Ар зытеухуар жьэпкъ-напэпкъым сэкъат иIэу къалъхуа сабийхэм ахэр биопкъыгъуэхэр зыхэлъ полимерхэмкIэ яхузэпхъуэкI зэрыхъуну щIыкIэрщ.

ЗЭФIЭКI ЗИIЭХЭМ Я ЗЭПЕУЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым гъатхэпэм и 19-26-хэм щекIуэкIащ «Творческие вершины» зэпеуэр. Ар къызэригъэпэщащ «Художественнэ егъэджэныгъэмкIэ методикэ центр» IуэхущIапIэм, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтымрэ и дэIэпыкъуэгъуу.

МЭЛЫЖЬЫХЬ

Апрелыр «априкус» латин псалъэм къытекIащ - «дыгъэм къыщигъэхуабэ» жиIэу арат. А мазэм Римым гъатхэр къыщихьэрт. Илъэсым и еплIанэ мазэм адыгэхэр мэлыжьыхькIэ йоджэ. Аращ иужькIэ къызытекIари мы псалъэжьыр: «Апрелыр мэлыжьыхьщ» / «апрель - могильщик старых овец». Абы къищынэмыщIауэ, жиIам трамыгъуэтэж цIыхум щхьэкIэ «Мэлыжьыхь мазэу зызэрехъуэкI» хужаIэ. 

СЭ СЫАДЫГЭЩ!

Дунейр къызэрыунэхурэ, цIыхухэм хабзэ зэрахуэхъуащи, псалъэми Iуэхуми зэрыщIадзэр фIэхъус сэламщ. ЦIыхухэр зэрихьэлIамэ, Iэщэ зэрамыIыгъыр, яIыгъыпэу щытми, Iэщэм хуемыкIуэну дзыхь зэрызэхуащIым и нэщэнэу Iэубыдыр къыщежьа лъэхъэнэм щыщIэдзауэ, ди нобэм къэсыху, лъэпкъ къэс езым и сэлам ехыкIэ иIэжщ.

ЕМЫЗЭШ И IУЭХУ КЪЫДОХЪУ

Кино Iуэхумрэ театр лэжьыгъэмрэ зэдэзыхьыф щIалэгъуалэм ящыщщ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ теарым и актёр ныбжьыщIэ Къанкъул Ислъам.

БЛЭКIАМ УХАГЪЭПЛЪЭЖЫФ

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм епха гукъэкIыжхэр куэдым яIэщ. ЗыгъэпсэхупIэм и ихьэпIэм къыщыщIэдзауэ а щIыпIэ щхъуантIэм псори дехьэх. Илъэс 80-м щIигъуауэ зыгъэпсэхупIэм «драгъэблагъэу» аслъэнхэм я теплъэ гъэжа жыг хадэ ихьэпIэм деж щытщ. Сигу къокIыж дыщысабийм абыхэм я жьэм къыжьэдэж псымкIэ ди псыхуэлIэр идгъэкIыу зэрыщытар.

ПСЫУЩХЪУЭ

Хы ФIыцIэ Iуфэм узыщрихьэлIэ фIэщыгъэр Iыхьищу зэхэлъщ: «Псы - у (ы) - шъ (у) хъо».
Шапсыгъ диалектыр къэзыгъэсэбэпхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «псыущхъуэ» псалъэм къикIыр «узыпхрыплъу къабзэ», «уафэм хуэдэу къащхъуэ» мыхьэнэхэр аращ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке