Статьи на кабардинском языке

ПСАЛЪЭМАКЪ ЩХЬЭПЭ

«Урысейм и сабийхэр-2022» Iуэхум и япэ Iыхьэм хиубыдэу Налшык къалэм дэт курыт еджапIэхэу №№21, 13-хэм стIол хъурей щытыкIэм тету щекIуэкIащ школакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ псалъэмакъ щхьэпэ щыдрагъэкIуэкIа зэIущIэ.

ДАХАГЪЭР ЗИ IЭРЫКIХЭР

Налшык и къалэкумрэ абы и Iэхэлъахэмрэ япэу зыкъэзыIэта удзыр къыщах. Иджырей техникэхэмкIэ къызэгъэпэща коммунальшикхэр щолажьэ Хъурэным и уэрамым хуэзэ лъэс зекIуапIэщIэм, Дэшхуей хадэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, Балъкъэр драмэ тетрым и Iэхэлъахэм.

IЭМАЛЫЩIЭХЭР КЪАГЪЭСЭБЭП

Республикэ клиникэ сымаджэщым микрохирургием и Iэмалхэр къагъэсэбэпу нэм щеIэзэ и къудамэм иджырей мардэхэм тету къыдагъэкIа «Центурион» IэмэпсымэщIэр къащэхуащ.

КЪЫХЭТХЫКIЫМ КЪРИКIУАХЭР

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управ­ленэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Ау­рикэ. Ахэр тепсэлъыхьащ статистикэмкIэ республикэ IэнатIэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуам.

ХУЩХЪУЭХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХЭХА ХУАЩI

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм, «правительст-вэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, щытеп­сэлъыхьащ цIыхухэр хущхъуэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым зэрыкIэ­лъыплъ щIыкIэм.

ГУР ЗЫХУЕIЭМ IЭР ЛЪОIЭС

Бухгалтер АфэщIагъуэ Джамилэ дэрбзэр IэщIагъэм езыр-езыру зыхуигъэсэжащ, уеблэмэ «Sai­Jamin»  зыфIища и фэилъхьэгъуэхэр цIэрыIуэ  хъуащ. Абы цIыхубз бостейм хьэзырхэр тету игъэ­хьэзыра лэжьыгъэхэр щигъэлъэгъуэну хунэсащ Mercedes-Benz Fashion Week Russia выставкэм.  Абы утыку кърихьа щыгъынхэр къытра­дзэжащ L’Officiel (урысей), Vogue (итальян) журналхэм.

МОСКВА ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Налшык и Макъамэ театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2022» урысейпсо фести­валь-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр.

ИДЖЫРЕЙ IЭМЭПСЫМЭХЭМКIЭ КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩ

«Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым хыхьэу КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм щагъэзащIэ «Гу-лъынтхуэ узыфэхэм пэщIэтын» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ Республикэ клиникэ сымаджэщым медицинэ IэмэпсымэщIэхэр щагъэуващ.

ДИ ШЫГЪУ-ПIАСТЭ ЗЭХЭЛЪЩ

ЦIыхум и Iэпкълъэпкъывр зыхуэныкъуэ, къару къезыт ерыскъы-гъуэмылапхъэхэм, шхыным, нэщэнэ куэд пылъщ, абы мыхьэнэшхуэ иIэщ тхьэлъэIу, джэгу, дауэдапщэ сытхэм я къалэнхэр зэфIэхынымкIэ.

КАВКАЗЫМ И ХЪУГЪУЭФIЫГЪУЭХЭМ ЗЫЩАГЪЭГЪУАЗЭУ

«РЖД» ОАО-мрэ Къээбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэгъусэу проектитI ди щIыналъэм щагъэзэщIэну зэгурыIуащ. Ар «Жемчужина Кавказа» гъущIгъуэгу круизхэмрэ «Гастрономический тур на Кавказ» проектымрэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке