|
Статьи на кабардинском языке
22 апреля, 2022 - 06:35
Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 2I-м фIэмыкIахэм тхэквондомкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 49-м къикIа спортсмен 405-рэ.
22 апреля, 2022 - 06:35
ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм (ООПТ-хэм) гулъытэ хэха хуэщIын зэрыхуейм траухуа Iуэхугъуэхэм «МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъкIэ» («March for Parks») йоджэ. Мы гъэм ахэр ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 200-м щIигъум мэлыжьыхьым и 21-м къыщыщIэдзауэ и 30 пщIондэ щрагъэкIуэкI.
22 апреля, 2022 - 06:35
Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Тыргъэтауэ» пьесэ цIэрыIуэр. Абы къыщыIуэтащ адыгэхэр къызытехъукIа мэуэтхэм ящыщ бзылъхугъэ Тыргъэтауэ и гъащIэр къызэрекIуэкIар. Къэбэрдей драмэ театрым щагъэуват спектаклыр икIи илъэс куэд щIауэ догъэщIагъуэ а бзылъхугъэм и образ гъуэзэджэр.
21 апреля, 2022 - 04:42
Къэбэрдей-Балъкъэрым, псом хуэмыдэу Налшык къалэ иужьрей илъэсхэм гулъытэшхуэ щегъуэт спорт ухуэныгъэхэм. Республикэм и щIыналъэхэм, къалащхьэм физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекс куэд къыщызэIуах, цIыхубэр гъащIэ узыншэм хуокIуэ. Апхуэдэ ухуэныгъэхэм ящыщ зыщ мы махуэхэм Налшык зи лъабжьэр щагъэтIылъа мылылъэ уардэунэр.
21 апреля, 2022 - 04:41
Мэлыжьыхьым и 19-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ «НАТО. ГущIэгъуншагъэр къэзыгъэлъэгъуэж» гъэлъэгъуэныгъэр.
Абы къыщыхьа дэфтэрхэмрэ тхыгъэхэмрэ топсэлъыхь НАТО-р хэту дуней псом щекIуэкIа зэныкъуэкъуныгъэхэм - 1940 гъэхэм къыщыщIэдзауэ ди зэманым къэсыху.
21 апреля, 2022 - 04:40
Лъэпкъ гъуазджэм зегъэужьыным, щIэблэр абы дегъэхьэхыным зи гуащIэ емыблэжу хуэлажьэхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдик.
20 апреля, 2022 - 06:35
2022 гъэм и фокIадэ мазэм ирихьэлIэу Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым къыщызэIуахынущ гъуазджэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, утыку итыкIэм, бжыгъэрылъанэ къэгъэщIыгъэхэм я щыIэкIэ хъунум, зэрызепхьэну щIыкIэхэм щыкIэлъыплъ икIи щызэрагъэзэхуэж центр.
20 апреля, 2022 - 06:35
КъБР-м и прокуратурэм къудамэ хэха иIэщ щIэпхъаджагъэ зыщIэу суд унафэкIэ тезыр зытралъхьахэм ар щрагъэпшыныжкIэ къэрал законхэр гъэзэщIа зэрыхъум, щхьэхуимытхэм я хуитыныгъэхэр къызэпамыудыным кIэлъыплъу. Абы и унафэщI Къуэкъуей Артик яIущIащ Урысей ФСИН-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ IэнатIэхэм я унафэщIхэм я къуэдзэхэм.
20 апреля, 2022 - 06:35
Апхуэдэ фIэщыгъэ зэрехьэ Геленджик (Хъулъыжъый, ХьэфIыцIей) пэмыжыжьэу хы ФIыцIэм хэлъэдэж Пшадэ и къуэпс нэхъ инхэм ящыщу бгыщхьэ жьанэхэмкIэ къыщежьэм.
ЩIыпIаплъэхэм я деж цIэрыIуэ щыхъуа Дэгубэ и «гущапIэр» Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм къыгуэщхьэхукIа Къуацэгъур сэнтхыщхьэр зыгъэбжьыфIэ Тхыбэ Iуащхьэм (метр 905-рэ и лъагагъщ) хы IуфэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ.
19 апреля, 2022 - 05:54
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIэныгъэлI гупым Урысей щIэныгъэ фондым и грантыр иджыблагъэ къахьэхуащ.
Страницы
|