Статьи на кабардинском языке

Бгъэ лышхым фыхуэсакъ

Лышх узыфэхэмкIэ УФ-м и Минздравым Дон Iус Ростов къалэм щиIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэм и дохутырхэр къытхутопсэлъыхь бгъэр лышхым зэриубыдар къызэращIэ щытыкIэхэмрэ абы зэрызыщыпхъумэфынумрэ.

Фермерхэм я еджапIэм лэжьэн щIедзэ

Урысеймэкъумэшбанкымрэ УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу къыхалъхьа «Фермерым и еджапIэ» егъэджэныгъэ пэхуэщIэм и къыкIуэлъыкIуэ Iыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щыщIидзащ.

Нэхъ лъэщхэр зэхагъэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым шахмат къызэрыгуэкIымкIэ, псынщIэмкIэ, блицымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэхэр Налшык къалэм и «КАИССА» клубым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуахэр гупитIу гуэшауэ щытащ: япэм хэтахэр илъэси 9 - I3, етIуанэм – илъэс 15 - 19 зи ныбжьхэрщ.

Къэралым щынэхъыфIхэм ящыщу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ Республикэ клиникэ сымаджэщым дохутырхэм я дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэр зрашэлIэну и къудамэщIэм икIи щыгъуазэ зищIащ абы щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм. Махуэ ­гъунэгъухэм абы лэжьэн щIидзэнущ. Илъэ­гъуахэм я гугъу КъБР-м и Iэтащхьэм щещI интернетым щиIэ напэкIуэцIым.

Гулъытэшхуэ зыгъуэт IэнатIэ

Урысей Федерацэм и автомобиль зекIуа­пIэхэр зэпэщ щIыным хуэгъэзащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр. Ар 2018 гъэм къащтащ. 

ЗэхъуэкIыныгъэхэм йолэжь

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэубзыху IуэхущIапIэм и Пре­зидиумым и зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абдеж унафэ къыщащтащ къыкIэлъыкIуэ зэ­IущIэр жэпуэгъуэм и 21-м зэхашэну.

Iуэху щхьэпэм пащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шына­гъуэншагъэмрэ папщIэ» урысейпсо Iуэхум и етIуанэ Iыхьэр. Апхуэдэ зэIущIэ ще­кIуэкIащ Налшык къалэ и курыт еджапIэ №7-м.

Я ныбжьэгъур ягу къагъэкIыжу

Ставрополь крайм Дзюдомрэ самбэмкIэ и федерацэм и унафэщIым и къуэдзэ, УФ-м дзюдомкIэ спортым и мастер, урысейпсо категорие зиIэ судьяуэ щыта, зэуэзэпсэу дунейм нэгъабэ ехыжа Тохунц Спартак и фэеплъ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ ­ще­кIуэкIащ Невинномысск къалэм дэт «Олимп» спорт комп­лексым. 

Данте и тхыгъэм ирипх гупсысэхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэ­лъагъуэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, республикэм и цIыхубэ сурэтыщI, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къегъэ­щIы­лIауэ лажьэ ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ центрым и унафэщI Жылэ Анатолэ и лэжьыгъэхэр.

И мыхьэнэр нэхъри зыхащIэу

Урысейм географиемкIэ и егъэджакIуэхэм я Хасэмрэ Урысей географие зэгу­хьэныгъэмрэ (РГО) я XXX зэIущIэр иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке