|
|
Статьи на кабардинском языке
24 февраля, 2026 - 05:51
Мы дунеишхуэм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм яIурылъ бзэрщ - я анэдэлъхубзэрщ. Аращ цIыхум гъащIэр, дунейр къызэрищIэр, фIымрэ Iеймрэ зэхигъэкIыфу щIэблэр нэхъыжьхэм япэ дыдэ зэраущийр, адэ-анэхэм быным гъэсэныгъэ зэрыхалъхьэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэр.
21 февраля, 2026 - 06:03
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIащ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэщIэ гвардие» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщI Молей Алихъанрэ студентхэмрэ я зэIущIэ. Абы кърихьэлIахэр щигъэгъуэзащ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм.
20 февраля, 2026 - 06:03
Адыгэм и лъэпкъ щэнхабзэр, хабзэ бейр, анэдэлъхубзэ шэрыуэр, псэкупсэ лъапIэныгъэхэр къафэбзэкIэ къыдэкIуэтей щIэблэм ябгъэдэзылъхьэ цIыху зэчиифIэщ Батыр Мущтэфар. Абы ищIэ Iуэхум и мыхьэнэр тIууащIэу егъэбагъуэ Москва зэрыщылажьэм.
20 февраля, 2026 - 06:03
Мазаем и япэ Iыхьэм Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкIащ «ПщэфIапIэ гъунапкъэншэ» фестивалыр. Абы хэтахэм я Iэзагъыр щагъэлъэгъуащ лъэпкъ шхыныгъуэхэр утыку къихьэн, абыхэм я гъэхьэзырыкIэр гъэлъэгъуэн унэтIыныгъэхэм.
19 февраля, 2026 - 06:12
Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм гурэ псэкIэ сохъуэхъу Рэмэдан мазэ лъапIэр къызэрихьамкIэ!
Муслъымэн дунейм зи пщIэр нэхъ щылъагэ пIалъэхэм язщ ар, псэр гъэкъэбзэным, къэщIэрэщIэжыным, зыузэщIыным ятелэжьэным егъэщIылIауэ.
19 февраля, 2026 - 06:03
Орлов Николай и рекордыр
Адлер къалэм щекIуэкIащ бжыр нэхъ жыжьэу дзынымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ди гуапэу къыхэдгъэщынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен Орлов Николай дунейпсо рекорд щигъэуващ абы. Ди щIалэм иутIыпща бжыр метр 77-рэ сантиметр 37-кIэ игъэлъэтащ. Мы гъэм зэрыщIидзэрэ апхуэдэ ехъулIэныгъэ дунейм зыми къыщигъэлъэгъуакъым.
19 февраля, 2026 - 06:03
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэмыжхэр, автомобиль трассэхэм щхьэпрыкI гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр ди щIыналъэм щрагъэкIуэкI зэпытщ.
19 февраля, 2026 - 06:03
Къэбэрдей-Балъкъэрым и автомобиль гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ 2026 гъэм къэзыгъэщIэрэщIэжыну, гъуэгу лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкIыну IуэхущIапIэхэм къэрал зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIащ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм лъэныкъуитIми Iэмалхэр къарет лэжьыгъэхэр и чэзум ирагъэжьэну, зыхуэныкъуэну материалхэр, оборудованэхэр, техникэхэр, н.къ.
18 февраля, 2026 - 05:52
ЩIалэгъуалэм я унэ Налшык дэтым щекIуэкIащ интернационалист – зауэлIхэм я махуэм теухуа зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъащ Венгрием щызэуа Беслъэней Борис, Куба щекIуэкIа дзэ Iуэхухэм хэта Алиев Вячеслав, Афганистаным щызэуа Габоев Азрет - Алий. ХьэщIэхэм яхэтащ СВО-м къулыкъу щезыхьэкI Джэрий Аслъэн, Бахъуэ Алим, Дыджэш Азэмэт сымэ.
18 февраля, 2026 - 05:51
Интернационалист зауэлIхэм мазаем и 15-р фэеплъ махуэ щIыхуащIам щхьэусыгъуэ иIэщ. 1989 гъэм мазаем и 15-м совет зауэлIхэр Афганистаным кърашыжауэ щытащ. Совет Союзым и дежкIэ ар Афган зауэм и кIэухщ. ИлъэсипщIым нэблагъэкIэ екIуэкIа зауэм совет зауэлIу мин 15-м нэс хэкIуэдащ, мини 6 илIыкIащ абы щагъуэта фэбжьым, цIыху 311-рэ хъыбарыншэу кIуэдащ.
Страницы
|