ЭЛОНЭ И «ЛЪЭПКЪ ЖЫГЫР»

ЗэпэIэщIэ Iэмалым тету къапщытэжащ зэфIэкI зиIэ сабийхэм папщIэ Санкт-Петербург къыщызэрагъэпэща «Уникум» IX-нэ урысейпсо фестивалым кърикIуахэр. Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту. Абы пашэ щыхъуащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм и еджакIуэ Пщыкъуэ Элонэ. 

Фестивалыр къызэзыгъэпэщахэм я мурадыр декоративно-прикладной гъуазджэмрэ сурэт щIынымкIэрэ зэфIэкI зиIэ сабийхэр къэгъэнэIуэнырщ, абыхэм заужьынымкIэ ядэIэпыкъунырщ.
Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и гъэсэн Пщыкъуэ Элонэ «Лъэпкъ жыг» зыфIища и лэжьыгъэр зэхьэзэхуэм и «Декоративно-прикладной гъуазджэ» лIэужьыгъуэм ягъэхьахэм я нэхъыфIу къалъытащ.
- Зэпеуэм къыщыхахащ къэралым и IэпэIэсэ ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэ 70. Ахэм щыщу къэпщытакIуэхэм нэхъыфIу къагъэлъэгъуа 15-м хагъэхьащ Элонэ и Iэдакъэ къыщIэкIари, - жеIэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и унафэщI, хъыджэбз цIыкIур зэхьэзэхуэм хуэзыгъэхьэзыра КIуж Ритэ. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ