АБХЪАЗЫМ ЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Чанбэ Самсон и цIэр зезыхьэ Абхъаз къэрал драмэ театрым и утыкум япэу щагъэлъэгъуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, драматург, усакIуэ, журналист, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Сариа» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр.

 
Лэжьыгъэм и режиссёрыр Аргун Мадинэщ, сценографыр Цвижбэ Нодарщ. Сариа и ролыр игъэзэщIащ Герасимов Сергей и цIэр зезыхьэ ВГИК-м и режиссёр факультетыр къэзыуха Начкебия Амрэ.
Спектаклым щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр - цIыхубзым и бэшэчагъэр, лъэпощхьэпохэр къызэрызэринэкIыну къару къызэригъуэтыр, и лъагъуныгъэр зэрихъумэжыфыр къэгъэнэIуэнырщ. 
КъыжыIапхъэщ, пьесэр зытха Къаныкъуэм усэ тхылъ зыбжанэ къызэрыдигъэкIар, пьесэ зыбжанэ зэритхар. Ар и унафэщIщ иджыблагъэ Налшык къыщызэIуаха «Сыринэ» адыгэ щIалэгъуалэ театрми. 
 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.