Бжьыхьэ пщIондэ Iупхъуэр зэхуащI

Театрхэм я лэжьэгъуэ пIалъэр зэриухам теухуа пшыхьхэр иджы­благъэ Налшык щекIуэкIащ. Илъэ­сым къриубыдэу абыхэм щIэ куэд утыку кърахьащ, нэхъ ипэкIэ ягъэу­вауэ щыта спектакль зэ­мылIэу­жьыгъуэхэр къагъэщIэрэщIэжащ.

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым бадзэуэгъуэм и 14 - 15-хэм щагъэлъэгъуащ IутIыж Борис и пьесэм къытращIыкIа «Гуащэмыдэ хьэблэ» спектаклыр. Ар щIэрыщIэу ягъэувы­жат тхакIуэр къызэ­ралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. Театрым и режиссёр нэхъыщхьэ, УФ-м щIыхь иIэ и артист Шыбзыхъуэ Басир ар утыку къришэжащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и грант ахъшэмкIэ.
Бадзэуэгъуэм и 16-м екIуэкIащ щIалэгъуалэм къызэра­гъэпэща нэгу­зыужь концерт. Абы хагъэхьащ «Уэшх зыщэ», «Гуащэмыдэ хьэблэ», «Трактир гуащэ» спектаклхэм ящыщ пычыгъуэ нэхъыфIхэр. Къы­хэгъэ­щыпхъэщ теат­рым илъэс куэд щIауэ щIэупщIэшхуэ иIэу щагъэув «Ханума» спектаклым и лIыхъужьхэм я фащэхэмкIэ ар езы­гъэкIуэкIхэр хуэпауэ зэрыщытар.
«Мыщэ и къуэ Батыр» спектаклым хэт ролхэр пэшым щIэсхэм зэрахуэ­гъэзащIэмкIэ зэпрагъэуати, къыхэ­жаныкIахэм фэеплъ саугъэтхэр ира­тащ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэкIэ щыIэ дыщэ медалыр Дунейпсо Арт ко­митетым къыбгъэдэкIыу а пшыхьым щратащ театрым и артисткэ пажэ ХьэхъупащIэ ФатIимэ.
Нэгузегъэужь пшыхьыр кърихьэ­лIахэм ягу зэрырихьам и щыхьэтт абы щаIэт Iэгуауэ инхэр.
Республикэм и артист цIэрыIуэхэу Тхьэгъэлэдж Светланэ, ГъукIэ Ислъам, «Бзэрабзэ» гупым я уэрэд гуакIуэхэм­кIэ пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ.
 

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.